7
  • Презентации
  • Проектно-исследовательская работа Танцы адыгов

Проектно-исследовательская работа Танцы адыгов

Автор публикации:
Дата публикации:
Краткое описание:

1
Исследовательский проект по черкесскому языку и литературе «Адыгские национал...
Исследовательский проект по черкесскому языку и литературе «Адыгские национальные танцы» МКОУ «Гимназия № 9» города Черкесска Работу выполнила ученица 6 «Б» класса: Тамазова Линда. Руководитель: Шевхужева Марина Хезировна
2
Iыхьэхэр хэзыгъэгъуазэ нэхъыщхьэ кIэух
Iыхьэхэр хэзыгъэгъуазэ нэхъыщхьэ кIэух
0
 
Благодаря этой рекламе сайт может продолжать свое существование, спасибо за просмотр.
3
- Сабийхэр нэIуасэ хуэщIын икIи дегъэхьэхын адыгэ культурэм; Адыгэ хабзэхэм...
- Сабийхэр нэIуасэ хуэщIын икIи дегъэхьэхын адыгэ культурэм, Адыгэ хабзэхэм нэIуасэ хуэщIын, Адыгэ къафэхэм нэIуасэ хуэщIын, дегъэхьэхын. Мурадыр: ДИДАКТИЧЕСКЭ Мурадыр: - Сабийхэр хуегъэсэн зэныбжьэгъуным, зэкъуэтыным.
4
Интернет ресурсхэр: http://karavanmusic.ru/?p=173 http://www.aheku.org/news/c...
Интернет ресурсхэр: http://karavanmusic.ru/?p=173 http://www.aheku.org/news/culture/48 http://islamey.ru/ http://www.wk01.ru/index.php/spravka/culture-of-adigeya/5181-nalmes.html ЯПЭРЕЙ Iыхьэ. ИНФОРМАЦЭР ЗЭХУЭХЬЭСЫН.
5
«Къафэ!Къафэ! Ей, адыгэ къафэ, Сыту уэ къарукIэ УгъэнщIа?! Лъэпкъым и гур уэ...
«Къафэ!Къафэ! Ей, адыгэ къафэ, Сыту уэ къарукIэ УгъэнщIа?! Лъэпкъым и гур уэ насыпкIэ БгъафIэу Сыт хуэдиз лIэщIыгъуэ КъэбгъэщIа?!» АбытIэ Хъызыр
6
Къафэр - ар гъуазджэм и зы къудамэ нэхъыжь дыдэхэм ящыщщ. Адыгэ лъэпкъым гъэ...
Къафэр - ар гъуазджэм и зы къудамэ нэхъыжь дыдэхэм ящыщщ. Адыгэ лъэпкъым гъэ мин бжыгъэкIэ къафэр зэхилъхьащ.Къафэри, макъамэри адыгэ лъэпкъымкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ. Адыгэхэм я сабий цIыкIухэм жьыуэ къэфэн щIадзэт япэрей лъэбакъуэри, япэ къафэри сабийхэм макъамэм щIэту ящIт. ХЭЗЫГЪЭГЪУАЗЭ
7
Iыхьэ нэхъыщхьэр Адыгэ лъэпкъым къафэр фIыуэ ялъагъу. Нысаши, хьэгъуэлIыгъуи...
Iыхьэ нэхъыщхьэр Адыгэ лъэпкъым къафэр фIыуэ ялъагъу. Нысаши, хьэгъуэлIыгъуи къафэншу зэфIэкIкъым.
8
Сыт къафэр зищIысыр? Къафэр – ар цIыхубэ гъуазджэщ. Абы IэпкълъэпкъымкIэ, мак...
Сыт къафэр зищIысыр? Къафэр – ар цIыхубэ гъуазджэщ. Абы IэпкълъэпкъымкIэ, макъамэкIэ къегъэлъагъуэ лъэпкъым и псэр, и дахагъэр . Къафэр сыт щыгъуи дохъу игъусэ макъамэм, абы и псынщIагъэм, и щытыкIэм.
9
АДЫГЭ КЪАФЭМ И ТХЫДЭР Адыгэ къафэр Кавказ лъэпкъым къыдэгъуэгурыкIуащ зимыхъ...
АДЫГЭ КЪАФЭМ И ТХЫДЭР Адыгэ къафэр Кавказ лъэпкъым къыдэгъуэгурыкIуащ зимыхъуэжу дэ къыднэсыху
10
АДЫГЭ КЪАФЭМ И ТХЫДЭР Лъэпкъ къафэхэр мыхьэнэшхуэ зиIэ къэхъукъащIэщ. Ахэр л...
АДЫГЭ КЪАФЭМ И ТХЫДЭР Лъэпкъ къафэхэр мыхьэнэшхуэ зиIэ къэхъукъащIэщ. Ахэр лъэпкъым лъэхъэнэ дапщэ зэпимычами, и къекIуэкIыкIар къэзыгъэлъагъуэщ,щэIнхабзэ и лъэныкъуэкIэ лъэпкъым и фэеплъщ. Адыгэ къафэхэми я ныбжькIэ илъэс мин бжыгъэ зэпачащ икIи нобэр къыздэсым дызэрыгушхуэ нарт хъыбарыжьхэм, пшыналъэхэм уэрэдыжьхэм къадэгъуэгурыкIэурэ ди деж къэсащ.
11
Адыгэ къафэхэр лIэужьыгъуэ куэд мэхъу, ауэ нобэкIэ джэгухэм щагъэзащIэу къэна...
Адыгэ къафэхэр лIэужьыгъуэ куэд мэхъу, ауэ нобэкIэ джэгухэм щагъэзащIэу къэнахэр мащIэ дыдэщ: ислъамей,удж,къафэ,зыгъэлъатэ , лъапэщIэсэ. Еджагъэшхуэхэм ,къэхутакIуэхэм зэралъытэмкIэ адыгэ къафэхэм яхэтщ илъэс мин зи ныбжьхэр. Ахэм ящыщщ уджри. Адыгэ къафэ лIэужьыгъуэхэр
12
АДЫГЭ КЪАФЭХЭМ Я ФIЭЩЫГЪЭЦIЭХЭР «Ислъамейр» - цIыхуитI къыздызэдэфэ къафэщ....
АДЫГЭ КЪАФЭХЭМ Я ФIЭЩЫГЪЭЦIЭХЭР «Ислъамейр» - цIыхуитI къыздызэдэфэ къафэщ. «И слъамейр» къызытехъукIауэ жаIэжыр мыращ. Зы махуэ гуэрым Iэхъуэ щIалэ Ислъам гу лъитащ уафэ къабзабзэм бгъэ бзууитI къыщалъэтыхьу. Бзухэм хъурей къыщащIт уафэгум, зыр зым еплъыж щIыкIэу, итIанэ гъунэгъу зызэхуащIт я гум илъхэр зэжраIэ щIыкIэу. Абыхэм игу къагъэкIыжащ куэд щIауэ имылъэгъуа и хъыджэбзыр.Зэман текIауэ нысашэм щызэхуэзэм, ахэр къызэдэфащ. Ислъам игу къэкIыжри утыкум къыщигъэлъэгъуащ бгъэхэм къызэралъэтыхьар. Хъыджэбзым къыгурыIуэри къыдищтащ икIи къафэмкIэ къагъэлъэгъуащ я гум илъыр. Абы лъандэрэ къежьауэ къофэр « Ислъамей », Ислъам щIалэм къигъэлъэгъуар.
13
КЪАФЭ «Ислъамей»
КЪАФЭ «Ислъамей»
14
АДЫГЭ КЪАФЭХЭМ Я ФIЭЩЫГЪЭЦIЭХЭР «Удж» Адыгэ къафэхэм яхэтщ илъэс мин бжьыгъэ...
АДЫГЭ КЪАФЭХЭМ Я ФIЭЩЫГЪЭЦIЭХЭР «Удж» Адыгэ къафэхэм яхэтщ илъэс мин бжьыгъэ зи ныбжьхэр.Ахэм ящыщщ уджри. Уджым кърифэу щытащ нартхэри, ахэр къызытехъукIыжахэри. УджыкIэхэри зэмылIэужьыгъуэ зыбжанэ хъут. Апхуэдэхэм адыгэхэм ягъэзащIэт « Тхьэшхуэ удж», « Лъэпщ и удж», « Псатхьэ удж, « Тхьэгъэлэдж и удж», « Псыхъуэ гуащэ и удж», « Шыблэ удж» , « Жор удж»-жыхуаIэхэр Псалъэм папщIэ : « Шыблэ уджыр къыщащIыр шыблэм цIыху е Iэщ иукIмэт.
15
Уджхэр цIыху тIурытIу ( щIалэрэ хъыджэбзрэ) я Iэблэхэр зэрыIыгъыу зыхэт гуп к...
Уджхэр цIыху тIурытIу ( щIалэрэ хъыджэбзрэ) я Iэблэхэр зэрыIыгъыу зыхэт гуп къафэщ. ТIу къудейм къащI хабзэкъым. Мы къафэр ноби лIэужьыгъуэ зыбжанэ мэхъу: Удж хъурей, удж- хэш, удж –пыху, удж къызэрыкIуэ. « Удж»
16
Мы уджыр нъхъыбэу къыщащIу щытар нысэм унэишэ щыхуащIкIэт. НобэкIэ удж хъуре...
Мы уджыр нъхъыбэу къыщащIу щытар нысэм унэишэ щыхуащIкIэт. НобэкIэ удж хъурейр нэхъыбэу здагъазащIэр Шапсыгъ лъэныкъуэрщ. «Удж хъурей»
17
Мы удж лIэужьыгъуэр нэхъ зытеухуауэ къалъытэр губгъуэ лэжьыгъэхэращ. Мы уджы...
Мы удж лIэужьыгъуэр нэхъ зытеухуауэ къалъытэр губгъуэ лэжьыгъэхэращ. Мы уджыр и теплъэкIи, и гъэзэщIэкIэкIи нэгъуэщIхэм техуэкъым. Мыр Тхьэгъэлэдж и уджым къытекIыжауэ плъытэ хъунущ. Удж- хэш
18
Мы уджыр зытеухуар Iэщхъуныгъэращ икIи къафэр зэрагъэзащIэм уеплъмэ, абы ехь...
Мы уджыр зытеухуар Iэщхъуныгъэращ икIи къафэр зэрагъэзащIэм уеплъмэ, абы ехьэлIа куэд хыболъагъуэр. Мы уджри Тхьэхэм хуащIу щыта уджхэм къазэрытекIыжам щэч хэлъкъым ( Псатхьэ) Удж -пыху
19
Мыр ди зэманым нэхъыфIыIуэу ялъагъухэм щыщщ, джэгухэм яфIэфIу къыщрофэ. ЖыпI...
Мыр ди зэманым нэхъыфIыIуэу ялъагъухэм щыщщ, джэгухэм яфIэфIу къыщрофэ. ЖыпIэ хъунущ мыр нобэрей къафэ хъуауэ , адрей удж лIэужьыгъуэу щыIа псоми щыщ тIэкIу –тэкIу хэплъагъуэу, я налъэ гуэрхэм гу лъыптэу. Ди уджхэр къапщтэмэ , Ищхъэрэ Кавказым ис лъэпкъ куэдым ящтащ (къэрэшейхэм, балъкъэрхэм, осетинхэм). «Удж къызэрыкIуэ»
20
Къафэ « Удж»
Къафэ « Удж»
21
АДЫГЭ КЪАФЭХЭМ Я ФIЭЩЫГЪЭЦIЭЦIЭХЭР « Къафэ» НобэкIэ адыгэхэм деж нэхъ къызэт...
АДЫГЭ КЪАФЭХЭМ Я ФIЭЩЫГЪЭЦIЭЦIЭХЭР « Къафэ» НобэкIэ адыгэхэм деж нэхъ къызэтенауэ , сыт хуэдэ дежи къыщащIу щыIэр «Къафэр» аращ (КIахэмкIэ «ЗэфIакIу» жаIэ). Мы къафэр къыщIэзыдзэр щIалэращ, абы утыкур зэ-тIэу къикIухьа нэужь пщащэр къыдешри къыдофэ. Щiалэм и пкъыр гъэжауэ , и Iэхэр бгъэ дамэу , уардагърэ пагагърэ хэлъу къызыдэфэ пщащэм и нэIэ тримыгъэкIыу къофэ, пщащэм Iэпэкiэ емыIусэу, IэдэбыфIэу. Пщащэм и напэр имыIэтыщэу, тIэкIу гуфIэми и дзэлыфэ имытIыу, къаз псым есым хуэдэу щабэу, Iэдэбу къэфэн хуейщ.
22
«КЪАФЭ» Хабзэ зэрыхъуащи, пщащэмрэ щIалэмрэ щэ зэблэкIыгъуэ зэблэкIмэ ( я щыт...
«КЪАФЭ» Хабзэ зэрыхъуащи, пщащэмрэ щIалэмрэ щэ зэблэкIыгъуэ зэблэкIмэ ( я щытыпIэхэр яхъуэжурэ) къафэр яух. ЩIалэм пщащэр здэщытым егъэкIуэтэж, мащIэу и щхьэр хуегъщхъри, фIыщIэ хуещI къызэрыдэфам щхьэкIэ.
23
КЪАФЭ «КЪАФЭ»
КЪАФЭ «КЪАФЭ»
24
«Къэжыхьыр» къэзыщI хабзэр нэхъ тIорысэхэрщ, абы и гъэзэщIэкIи , и макъами щ...
«Къэжыхьыр» къэзыщI хабзэр нэхъ тIорысэхэрщ, абы и гъэзэщIэкIи , и макъами щхьэхуэу иIэжщ. «ПIэтIэлейми» езым и макъамэ иIэжщ, къыщащIри нысэр унэм щрашэкIэщ. « Къэжыхь», « ПIэтIэлей»
25
Нобэ ди адыгэ къэфакIуэ ансамбл хъарзынэхэм адыгэ лIакъуэхэм я къафэ щхьэхуэ...
Нобэ ди адыгэ къэфакIуэ ансамбл хъарзынэхэм адыгэ лIакъуэхэм я къафэ щхьэхуэ щыIэхэр сценэм къыщащI. Къафэхэр нэгъэсауэ дахэу, узыIэпишэу гъэува хъуащ икIи ягуи, япси зэрыхэлъым щэч лъэпкъ къытрыуимыгъэхьэжу ягъэзащIэ къэфакIуэхэм. Апхуэдэхэщ къэрал академие нагъыщэ зиIэхэу: «Кабардинкэр», «Налмэсыр», «Эльбрусыр» (Iуащхьэмахуэ)- мыр къэрал ансамблщ Мы дунейм щыцIэрыIуэ дыдэхэм къинэмыщIауэ адыгэ хэгъуэгухэм щыIэщ иджыри езыр- езыру зэхэт къэфакIуэ цIыхубэ ансамблхэр. Ахэми ехъулIэныгъэ яIэу цIыху пащхьэм къыщагъэлъагъуэ дядэжьхэм къытхуагъэна щIэнхабзэ, гъуазджэ лъагэм и дахагъэр, и беягъэр. Ансамблхэр
26
АНСАМБЛЬ «ИСЛАМЕЙ»
АНСАМБЛЬ «ИСЛАМЕЙ»
27
АНСАМБЛЬ « НАЛМЭС»
АНСАМБЛЬ « НАЛМЭС»
28
АНСАМБЛЬ « КЪАФЭ»
АНСАМБЛЬ « КЪАФЭ»
29
АНСАМБЛЬ «ГОРЕЦ»
АНСАМБЛЬ «ГОРЕЦ»
30
Черкесск къалэм дэт МКОУ « Гимназия № 9» и еджакIуэхэр пылъщ щIэныгъэ куу зэр...
Черкесск къалэм дэт МКОУ « Гимназия № 9» и еджакIуэхэр пылъщ щIэныгъэ куу зэрызэрагъэгъуэтыным адыгэ гъуазджэм теухуауэ. Абы яцIыху икIи къырофэ адыгэ къафэ зэмылIэужьыгъуэхэм. Сэри сыкъыщофэ « Кавказ» ансамблым. Ди япэкIи сыпылъынущ адыгэ къафэхэм я тхыдэр зэрызэзгъэцIыхуным, къэсцIыхуахэмкэ си ныбжьэгъу ц1ыкIухэм сазэрыдэгуэшэным. ВЫВОД
31
Мэпсэу ,кIуэ пэтми гуп нэхъыбэхэм ягъэзащIэ мэхъу адыгэ къафэр. Щопсэу ахэр...
Мэпсэу ,кIуэ пэтми гуп нэхъыбэхэм ягъэзащIэ мэхъу адыгэ къафэр. Щопсэу ахэр гуфIэгъуэкIэ пшынэ здызэгуах дэтхэнэ унагъуэми, къуажэми. Адыгэ къафэр уахътыншэщ езы зей лъэпкъыр дуней тетыху. КIЭУХ
32
- Къафэм дахэм ухешэ; - Джэгум кIуэ псори къафэкъым; - Зэхуэмыдэ кызэдэфэкъы...
- Къафэм дахэм ухешэ, - Джэгум кIуэ псори къафэкъым, - Зэхуэмыдэ кызэдэфэкъым , зэмыфэгъу къызэдэуджкъым, - Утыкум куэдрэ къифэхьыр яIэщIоужагъуэ, -Пшынауэм езым фIэфIыр кърегъэкI, Джэгушхуэрэ зауэшхуэрэ зэхуэдэщ ( ТIуми лIыгъэрэ шыIэныгъэрэ щыуиIэн хуейщ). Псалъэжьхэр
33
1.Шэрджэс А.И., Хьэкъун М.Ю. «Адыгэхэмрэ ахэм я хабзэхэмрэ»; 2.Щоджэн Х.,Къар...
1.Шэрджэс А.И., Хьэкъун М.Ю. «Адыгэхэмрэ ахэм я хабзэхэмрэ», 2.Щоджэн Х.,КъардэнгъущI З. «Адыгэ хабзэу щыIахэр», 3. Сообцокъуэ Н.И. « Адыги –Черкесы: люди, нравы, обычаи и традиции» Библиографиер:
 
 
X

Чтобы скачать данную презентацию, порекомендуйте её своим друзьям в любой соц. сети.

После этого кнопка ЗАГРУЗКИ станет активной!

Кнопки рекомендации:

загрузить презентацию