7


  • Учителю
  • Ко дню Защиты детей передача Сабийгъэгуф1э 1

Ко дню Защиты детей передача Сабийгъэгуф1э 1

Автор публикации:
Дата публикации:
Краткое описание:
предварительный просмотр материала

Сценарный план телевизионной программы

</<font face="Times New Roman, serif">«Сабийгъэгуф1э» №1



Азрет : Сэлам гуапэ фызох си ныбжьэгъу ц1ык1ухэ! Фыкъызогъэблагъэ фэрэ дэрэ ди махуэ лъап1эм-ммм балиигъхэм я жы1эу «САБИЙХЭР хъумэным и махуэм» теухуауэ дгъэхьэзыра нэтыным.

-Хэт дэ дызыщыхъумэн хуейр?

-Е хъумэн хуейр нэхъыжьхэм яжы1ауэ ди нерв къуэпсхэра? ---Уа зыгуэрым уехъуэпсарэ къыпхуамыщэхум гущ1ыхьэкъэ?

-Дэ нобэ жыт1э псор къыщытхуащ1эн хуеймахуэу п1эрэ?



Зэхуэтхьэсынщ жэуапыр!



ОПРОС ДЕТЕЙ:

  1. Хэт нэхъ 1ейуэ узыщышынэр?

  2. Сыт уи1эну узэхъуапсэр?





Танцы

Сабийхэм жа1э-веселые случаи с детьми.

Азрет : Сабийхэм ди махуэм ди гукъеуэхэм ящыщу вжес1эну сыхуейт: сыт дэ сытым дежи дыкъуейщ1ейуэ нэхъыжьхэм щ1ыжа1эр? Фи ф1эщ хъуркъэ уэи иджыпступц1э къыфхуезбжэк1ыным …. хуэмыхухэм ятеухуауэ усэ къом щы1эм я гугъу умыщ1ыххэ. Жыс1эр фи ф1эщ хъуркъэ? Нт1э фэ езыр феда1уэ..

«Апхуэдэу нэхъыф1ти аращ» Думанов+

«Сэр щхьэк1э сыту зэ жумы1арэ» Кумышев+

«Уэ дыхьэ» Абидов+

Стихи

«Мыстрэ Мыстрэ» Балагова

«Азидэ мадэ» Куашева +

«Си гуащэр» Уначева +

«Мыда1уэ» Кумышева



Адэк1э къыпытщэнщ дунейм щыхъыбархэмк1э…(веселые

детские новости)







АЗРЕТ : Нобэ Къэрмэхьэблэ къуажэм дэт ещанэ курыт еджап1эм щеджэ ц1ык1ухэми ягъахъэ , т1эк1у дахукъуэплъынти а ц1ык1ухэм.



1.Сабиигъуэр насыпыф1э тхуэзыщ1ахэм ди сэлам думанов

2.Псалъэ быдэ дэ фыдотыр дытетынк1э къыджеф1ам балагова

3.Папи мами дыкъалъагъумэ тщыгуф1ык1ыу дыпсэунщ куашева

4.Нани дади зыщ1эдгъакъуэу сыт зэмани дыщытынщ кумышев

5.Нэхъыжь псоми пщ1э яхуэтщ1у щ1эблэ дахэу дыкъэхъунщ уначева

6Дэнэ щ1ып1э дымык1уами адыгагъэр къытщ1ыгъунщ абидов

7. Сабий псоми я махуэшхуэр нобэ дэ вдэдгъэлъэп1энщ кумышева

8.Ди махуэшхуэм хуит дыкъэфщ1ым т1эк1у ди лъэгу фыщ1эдгъэплъынщ азрет





Къафэр къоуэ

1.Сабий псоми ди махуэшхуэр нобэ догъэлъап1э думанов

Хуит дащ1ащ нэхъыжьхэм жып1эу умы1этыщэ нап1эр.

2.Июнь мазэу ди махуэшхуэр сыту ф1ыщэу хуагъэза балагова

Гъэ еджэгъуэм дыхэмыл1эу , дауи ар нэтхусыфа

3.Адэ -анэм сащошынэ , дадэрэ нанэрэ саф1ол1ык1 абидов

Ауэ умызэраныну дауик1 уэ пхузэф1эмык1.

4.Адэ -ани , егъэджак1уи псоми дэ къытхуащ1ыр дагъуэ кумышева

Фщ1эуэ п1эрэ адэ-анэм зэрыхъур ар ди жагъуэ

5.Сэ сохъуапсэ мамэ ещхьу зызгъэщ1эрэщ1эну уначева

Уехъуапсэнтэкъэ фи мамэ 1уэхуу ищ1эр пщ1эну.

6. Сэ ди дадэ ещхьу сыхуейт сыпхъащ1эну кумышев

Пхуэщ1эу къащ1эмэ зыгуэр, псори уагъэщ1энущ

7. Сабийхэр щыхъумэн хуей махуэм жыф1эт фызыхуейхэр куашева

Дыпхъумащ къытхуэпщ1эмэ- псори дызыхуейхэр азрет





УЭРЭД : САБИИГЪУЭ

Сабиигъуэу дыгъэ-щыгъэм нэхъ тыгъэф1 хэт хуейр

Уэрщ зи ф1ыщ1эр си хэку дыщэ нобэ ди дунейр

Ди пщэдейм и дыгъэ гъуазэр дэ къыдогъэуш

Сабиигъуэр гъащ1э набдзэщ псэщ1эм и тхьэгъушщ



Ар псэщ1эм и тхьэгъушщ . Дэ ар къыдогъэуш

Дунейр сысейщ , сысеймэ ар ууейщ.



Сабиигъуэр насыпыф1э тхуэзыщ1ам -сэлам

Псалъэ быдэ дэ фыдотыр дытетынщ жыф1ам

Пщ1э яхуэтщ1у ди нэхъыжьхэм щ1эблэр дыпсэунщ

Сабиигъуэр дэ ди1эхук1э къэдгъэсэбэпынщ.



Дэ щ1эблэр дыпсэунщ, нэхъыжьым пщ1э хуэтщ1ынщ

Дунейр сысейщ, сысеймэ ар уэуейщ.





Азрет: Си ныбжьэгъу ц1ык1ухэ САБИЙГЪЭГУФ1Э зыф1этща нэтыныр абдежым щыдоух , мыухыжын гъащ1эрэ насыпрэ тхьэм псоми къыдит.

Нт1а ц1ык1ухэ, жа1эмэ жа1эну……

Жа1эмэ жа1эну жыхуа1а жы1апхъэр нывжызо1эри

Жа1эзыф1эф1 зыжыра1э жы1э жы1эрей жозыгъы1эм

Къызжи1акъым жывмы1эж жи1эрт жи

Зэрыжамы1эу жыс1а1ауэ жы1эк1эмыщ1э къызжезыгъы1эм жып1эми

Жумы1ар жы1эк1ейк1э щыжумы1апхъэ щыжып1ауэ

Жы1эгъуэр щыжы1эгъуейр жыхуа1э тежы1ык1 хужы1эу

Жы1эк1эк1э здыжы1апхъэм щыжыс1энщ жып1эми

Жы1эгъуэу жып1ари щыжып1э жык1эмыщ1э жы1эмыда1уэ

Къызэрыбжи1эгъауэ къыбжи1эжынщ, жумы1эжыфауэ жи1ами

Жимы1эххами жыс1ами жыс1эжыркъым жыуигъэ1ыжынщ жи.





















































































Усэхэм къоджэ

Ди Азидэ мадэ, ед абы щыгъын

Мастэр къе1ыпхамэ занщ1эу щ1едзэ гъын

Папэ хуедыр джанэ, мамэ хуед бостей

Хуедыр нанэ фащэ, дадэ хуедыр цей

Нани дади къофэр, ящ1ыр ислъэмей.

Бейщ мастэ1уданэр абы жа1ыгъат

Сэ 1эщ1агъэ псоми дэныр къыхэсхат































































































 
 
X

Чтобы скачать данный файл, порекомендуйте его своим друзьям в любой соц. сети.

После этого кнопка ЗАГРУЗКИ станет активной!

Кнопки рекомендации:

загрузить материал