7


  • Учителю
  • Урок кабардинского языка в 1 классе

Урок кабардинского языка в 1 классе

Автор публикации:
Дата публикации:
Краткое описание:
предварительный просмотр материала

Урок№37 Каб-яз 1класс 20.01.2015г

Темэр: Макъ к, хьэрфхэу К, к-хэр. Нап. 60.

Дызыпэплъэ ехъулIэныгъэхэр: Макъ к, хьэрфхэу К, к-хэр егъэц1ыхун.Хьэрф зэрыбымрэ 1эрытхымрэ зэхагъэк1ыфын.1эрытхым къыщыхьа дымыгъэр ятхыфын. Зыр зым дэ1эпыкъуу лэжьэным хуэгъэсэн, зэхэщ1ык1ым зегъэужьын. Еджэныгъэм, тхэным гупыж хуегъэщ1ын.

Мурадыр: Яджа хьэрфыр зыхэт пычыгъуэр, псалъэ егъэтхын, хьэрф к-р зыхэт псалъэхэм къеджэфу егъэсэн.

Урокыр зэрек1уэк1ыр:

1.Урокым хуэгъэхьэзырын. 2.Зэджахэм къытрагъэзэжын:

-Ди бзэр дауэ зэхэт? -Псалъэухар? - Псалъэр? -Пычыгъуэр? -Сыт хуэдэ макъхэр фщ1эрэ? (Макъзешэхэр, макъ дэк1уашэхэр.)

1)Зыщ1эдэ1у ик1и ялъагъу псалъэхэм яхэтын хуей макъхэр къагъэлъагъуэ: 1у…щхьэ(а)- 1…щхьэ(э)

Макъ к-р къыхагъэщхьэхук1. Псалъэк1эм , псалъэкум , псалъэпэм; псалъэухам:Камиллэ, ракетэ, ашык. Камиллэ япэ классым щ1эсщ.Псалъэухар зэпкърыхын. (Псалъипл1 мэхъу, япэр, ет1уанэр, ещанэр, епл1анэр.К-зыхэт псалъэхэр къахутэ, пычыгъуэ бжыгъэр къыжа1э,япэ пычыгъуэр, ет1уанэ пычыгъуэр.Япэ пычыгъуэм макъзешэ а хэтщ, абы и пэм к итщ.Мыр шэщ1ауэ къэппсэлъ хъуркъым, макъ дэк1уашэ дэгущ.

4.Физминуткэ егъэк1уэк1ын: Я 1эпкълъэпкъым зегъэужьын: Мыщэжь. Пщыхьэщlэ Хьэмзэт
…Къэушащ,мэкlий,мэгъуахъуэ,
Жиlэ хуэдэщ:"Фо къивгъахъуэ,
Мазищ енкlэ семышха,
Мазищ енкlэ семыфа...!"

5. Пычыгъуэхэм къегъэджэн:ка, кы, ке, ки. Пычыгъуэхэмрэ макъхэмрэ зэралъыт:кааа, кыыы,киии, кеее. Хьэрфыщ1эхэм щыгъэгъуэзэн: К,к.(К,к.) Пычыгъуэхэмрэ псалъэхэмрэ къегъэджэн.

1)Макъ к-р псалъэ зэхуэмыдэхэм къыхагъэщхьэхунк1ыу егъэсэным елэжьын. Словарнэ лэжьыгъэ егъэк1уэк1ын.

2) Макъ к-мрэ, хьэрф К,к-хэмрэ щыгъэгъуэзэн, пычыгъуэщ1эхэри схемэхэмк1э зэхегъэлъхьэн.

Пычыгъуэ дапщэу зэхэт мы псалъэхэр?


6.Тхылъымк1э гъэлэжьэн. Нап. 60 ит къехыгъуэхэм къеджэн. Бзэм зезыгъэужь лэжьыгъэхэм гу


лъытэжын.Схемэм хуэк1уэ псалъэм къоджэхэр. Пычыгъуэк1э гуэшын, к-р щхьэхуэу къапсэлъыж,


макъыр къыхагъэщхьэхук1ын. Рассказым хэт псалъэуха къэс зы еджак1уэ къоджэ. Упщ1эхэмк1э


зэпкърыхыжын. Словарнэ лэжьыгъэ егъэк1уэк1ын.

7 .Урокым ялэжьар къызэщ1экъуэжын.





 
 
X

Чтобы скачать данный файл, порекомендуйте его своим друзьям в любой соц. сети.

После этого кнопка ЗАГРУЗКИ станет активной!

Кнопки рекомендации:

загрузить материал