7


  • Учителю
  • Урок кабардинского языка (3 класс)

Урок кабардинского языка (3 класс)

Автор публикации:
Дата публикации:
Краткое описание:
предварительный просмотр материала

Адыгэбзэмк1э урок зэ1ухам и план- конспект 3 классым пащ1э.



Темэр: Ягъэбелджылы псалъэмрэ зыгъэбелджылы псалъэмрэ щызэдэщ1ыгъум деж я тхык1эр.



Мурадыр:Ягъэбелджылы псалъэмрэ зыгъэбелджылы псалъэмрэ зэхагъэк1ыфу егъэсэн.

Ягъэбелджылы псалъэмрэ зыгъэбелджылы псалъэмрэ щызэдэщ1ыгъум деж тэмэму ятхыфу, щ1атхар жа1эжыфу егъэсэн. Мэз псэущхьэхэм тухуа псалъэмакъ егъэк1уэк1ын, бзэм зегъэужьын.



Урокым ехьэл1апхъэхэр: сурэтхэр, презентацэ «Мэз псэущхьэхэр», карточкэхэр.



Урокым и ек1уэк1ык1эр







I. Урокым и пэублэ.



Еджак1уэхэр урокым зэрыхуэхьэзырым к1элъыплъын, темэмрэ мурадымрэ щыгъуазэ щ1ын.



Унэ лэжьыгъэр къэпщытэжын.



1) «Мэзым зыплъыхьак1уэ» хъыбар зэхалъхьар къыжа1эж.

2) (.) я п1эк1э къезэгъ хьэрфхэр дагъэувэжын, щ1ыдагъэувар къыжы1эжын.



3) Щхъу…нт1ащэ, къ…бзэк1ей, лъ…гэшхуэ, д…хэк1ей, дз…сэпэ, пхъу…нтэшхуэ, щ1…лэф1.



4.Б/З Упщ1эхэм жэуап ират.

1) Сыт хуэдэ мэз псэущхьэхэр фц1ыхурэ?

2) Дауэ абыхэм щ1ымахуэм зэрызыхуагъэхьэзырыр?

3) Сыт абыхэм шхыныгъуэу я1эр?

4) Сыт хуэдэ псэущхьэхэр фэ нэхъ фигу ирихьрэ?



5) Псалъэхэр доскам къитхауэ ударенэ тегъэувэн:

Бажэ, бажэк1э, бажафэ.

Дыгужь, дыгъужьыфэ, дыгъужь гъуабжэ.

Мыщэ, мыщафэ, мыщэшхуэ.

Урок кабардинского языка (3 класс)Урок кабардинского языка (3 класс)

Урок кабардинского языка (3 класс)</<br>





Сурэтхэмк1э псалъэуха зэхегъэлъхьэн.

Бажэр 1эмалк1э бзаджэщ.

Дыгъужьыр и шырым йодахащ1э.

Мыщэр щ1ымахуэ псом мэжей.



Презентацэ «Мэз псэущхьэхэр»





6) Карточкэхэмк1э мэлажьэ.



1 гупым:

Мы псалъэхэм къезэгъ хьэрфхэр дэгъэувэ, ударенэр тегъэувэн:



Х…дэщ1э, дж…нэщ1э, дж…нэк1э, п…ркыщ1э, щ1…кхъуэ бзыгъэ, дж…нэ дахэ.



2 гупым:

Псалъэухахэр ятх, мы псалъэ зэпыщ1ахэр къагъэсэбэпк1эрэ



Еджак1уэ 1ущ, дыгъуасэрей газет, гъавэ бэв, гуащэ дахэ, 1уданэ плъыжь.

Физкультминуткэ.



III. Темэщ1эр джын.



1) Псалъэхэм щыщу ягъэбелджылы псалъэмрэ зыгъэбелджылы псалъэмрэ убзыхун.



А) щ1э - пывгъэувэ

унэ+щ1э

къалэ-

къуажэ-

лъапсэ-



б) ф1ы- пывгъэувэ

1элъэ-

гуахъуэ-

къуажэ-

тхылъ-



Сыт? Тхылъ. Сыт хуэдэ? Тхылъыщ1э.

Сыт? Хадэ. Сыт хуэдэ? Хадэщ1э.

Выодхэр ящ1.



В) Тхылъымк1э мэлажьэ, вывод ящ1амрэ тхылъым ит правилэмрэ зэралъыт.

IV. Темэщ1эр егъэбыдыл1эн.

  1. Лэжьыгъэ №64-р жьэры1уатэу гъэзэщ1эн.

  2. Лэжьыгъэ №65-р япэ гупым, лэжьыгъэ№66-р ет1уанэ гупым езыр- езыру ягъэзащ1э.

  3. Словарнэ лэжьыгъэ:

Щынэл - мэлым и щ1эжьейм ил (Мясо ягнёнка).

Сэхураныщхьэ - сэхуран жылэр зэрылъ щхьэ хъурей (Подсолнух)



V. Унэ лэжьыгъэ етын.

Лэжьыгъэ№67. Псалъэхэм щ1э, ф1ы пагъэувэурэ ятх.

Б/З Я къуажэм теухуа хъыбар зэхегъэлъхьэн.

VI. Выводхэр, урокым теухуауэ.

- Сыт щ1эуэ урокым къыщыфщ1ар?

- Сытым нэхъ фыдихьэха?

Оценкэхэр гъэувын.





 
 
X

Чтобы скачать данный файл, порекомендуйте его своим друзьям в любой соц. сети.

После этого кнопка ЗАГРУЗКИ станет активной!

Кнопки рекомендации:

загрузить материал