7


  • Учителю
  • Внеклассное мероприятие Щ!эпщак1уэ ( 5 класс)

Внеклассное мероприятие Щ!эпщак1уэ ( 5 класс)

Автор публикации:
Дата публикации:
Краткое описание:
предварительный просмотр материала





Щ1эпщак1уэ.



Сабрина-----Езыгъэк1уэк1ым.

__Хабзэ дахэу дэ ди лъэпкъым

1эджэ мэхъур къыдежьар

Ди сэламырщ дэ ди хабзэм

Къыщ1эдзап1и ныхуэхъуар

Хабзэ дахэми дытету

Гупыж зыщ1у къэк1уа псоми

Къуажэ дахэу Светловодскым

къик1а гупым къабгъэдэк1ыу

Сэлам гуапэри фыдохыр.

Хабзэ дахэу ди адыгэм

Яхэлъауэ ди щ1эпщак1уэм

Щыщ теплъэгъуи федгъэплъыну фыкъеблагъэ!



-И къупщхьэр къутауэ

П1эхэлъ хъуа ныбжьыщ1эм

Къуажэм дэс джэк1уак1уэр пшапэм

Къыхуэк1уат щ1эпщак1уэ.

Зэрыхабзэти бжэщхьэ1ур,

Ягъэлъагэ пхъэбгъук1э.

Темыувэу зы бжэщхьэ1ум

Ебэкъуэнут щабэу.



(Щ1эпщак1уэ къэк1уахэм я нэхъыжьым уадэр къещтэ, вабдзэм ину щэ тоу1уэ.).



Астемир-- нэхъыжьым - Уадэ , уадэ, уадэ ц1ык1у,

Уадэ ц1ык1уу псынщ1э!

Лъэпщу узиуадэми,уадэр егъэпсынщ1э!

Лъэпщу узиуадэми

Псынщ1эу егъэхъуж!.



Абы и ужьым иту псори уадэмк1э вабдзэм йоуэ. Пэшым щ1охьэ.



-Фатима-------- __Унэгуащэм:



---«Фыкъеблагъэ, ди хьэщ1э лъап1эхэ! Сымаджэр тедгъэунщ жыф1эри фыкъэк1уащи , Алыхьталэм пщ1э къыфхуищ1!.»





Сымаджэм и п1эщхьагъым къыбгъэдэтщ фалъэ псы иту, абы джэдык1э хэлъу. Нэхъыжьыр абы хо1эбэри 1эпэпс утх ещ1.



Нэхъыжьыр ----«-Алыхьым узыншэ уищ1ыж».



Адрейхэми апхуэдэу ящ1.

-Кертбиев------«-Алыхьым узыншэ уищ1ыж».



-Тимур ----Уи узыгъуэр Тхьэм псынщ1э пщищ1!



-- Ибра - Тхьэм щ1эх дыдэу уигъэхъуж!.



-Тимур___Узу уи1эр пщхьэщык1ауэ

Гукъыдэжри къобэк1ауэ

Дэрэжэгъуи ухэмык1ыу

Ф1ыгъуэу щы1эр къыплъыкъуэк1ыу

Лъапэ махуэк1и ущ1эк1ыу

Тхьэм дигъэлъагъу.



___Иджы , мыдэ фыкъэда1уэт,

__Ди вабдзэм макъ имыщ1у къэна?( къэнакъым)

-Ди джэдык1эр щэ?.

__Уэлэхьи ари псэум, феплъыт, феплъыт псори, Алыхьым и шыкурк1э , ди гупым ц1ыху 1ей хэткъым, лъэужьеи къытхэткъым.

__Ат1э псори дыщызэхуэсак1э , бжьыпэр зы1ыгъынур хэдывгъэх. К1эныр къафщти дывгъэгуэш.

__Ибра ____Сэ фэхур къыхызох.

--Тимур____Сэри хъырцыр.

---Астемыр____Цыджыр сысейщ.

Рамазан. - Сыт сщ1эн, бардыр къысхуэнащ.

Рамазан.____И1э, къивдзэ к1эныр лъэгум.( К1эныр лъэгум кърадзэ).

----Ибра._____Уо, уо, феплъыт, фэхур къыдэгъэзэящ. Ныщхьэбэ сэ сыпащтыхьщ.-----Хэтыт цыджыр зейр?-Уэра? Уо , си ныбжьэгъужь, уэ узибейгуэлщ, къеда1уэт си унафэм, телъхьэт ди к1экъум тезыр, дэнэ щы1э уи щ1опщыр?

__Астемыр.___Уэлэхьи , мисым си щ1опщри, мэ, мэ.( йоуэ щ1опщымк1э).



Шидов Джэгуак1уэм.

--------Щауэхэ, пщащэхэ, нобэ щ1эпщак1уэ дыкъэк1уащи, еуэ маржэ, джэгур дывгъэубли фи лъэгум дыщ1эвгъэплъ.!.( къофэхэр).

Шидов Джэк1уак1уэм.

--------Ди джэгум хэмытахэм тезыр къыфтехуащи пшыныжыным зыхуэвгъэхьэзыр.



Рузана Япэ хъыджэбзым же1э:

----Сэ си тезырыр псынщ1эрыпсалъэк1э спшыныжынущ.



-----------Пхъэ сошэ, пхъы сошх

-----------Пхъэ сошэ, пхъы сошх.



--------Мыщэр пэщащэурэ мащэм ихуащ

------------Мыщэр пэщащэурэ мащэм ихуащ.



----------1эпхъуалъэ ф1ыц1э

Псырылъэ ц1у

Псырылъэ ф1ыц1э

1эпхъуалъэ ц1у.





-_ Самира - -----Ещанэ хъыджэбзым же1э:

Сэ тезыр къыстехуар хъунумэ, кхъы1э, шхыныгъуэ къэсхьамк1э сывгъэпшыныж.



Кертбиев ----(Япэ щ1алэм же1э )

------Додэ, 1эф1у упщэф1амэ.



-===( хъыджэбзыр къотэджри шхыныр яхуегуэш.)



_Кертб._____Зы щ1алэм хъыджэбз шхыныр къезытам зыхуегъазэри же1э:



---- Уи ерыскъыр Тхьэм игъэбагъуэ, ауэ

А уи нэ дахэхэр къысщыбгъэпщк1уми ,

Дыгъэу сыныщ1элъэдэнщ,

Псалъэ щ1ы1э къысхуебгъэхьми

Си гу маф1эм игъэхуэбэнщ.

---_ Самира ------- Хъыджэбз шхыныр къезытам:

------Лэгъуп и пкъом къыдэплъурэ

Хьэнтхъупс щхьэк1э зиплъыхьмэ

Къэниболэт жып1эркъэ!

Тимур_________ Щ1алэм :

----- Пшынэр игъэджэгурэ джэгур игъэдахэмэ

Дахэуэс жып1эркъэ!.

-Сабрина Хъыджэбзым:

----- И к1энт1ы1ум ет1эхъурэ

1уэр хъурейуэ къижыхьмэ

Къэнщауэ жып1эркъэ!.



_Кертб.______________ Щ1алэм:

-------- Щхьэцыгъуэ ц1ынэрэ

Шатэ ц1ынафэмэ

Хьэцацэ жып1эркъэ!.



_ Самира -- Хъыджэбзым:

---------Цей 1эщхьэ лалэрэ

Лал жи1эу къижыхьмэ Къэниболэткъэ!.



_ Тимур________Щ1алэм:

------Жэщи махуи пхуэусэрэ

И усыгъэр фоупсмэ Дахэуэскъэ!.



-Сабрина -- Хъыджэбзым: Л1ы ц1ык1у къамэшхуэрэ фочышхуэ зэрихьэмэ

. Къэнщауэ жып1эркъэ!.





?_________Щ1алэм:

Бзур зы1этыр и дамэщ, ц1ыхур зы1этыр акъылщ.





Самира -- Хъыджэбзым:

Нэбдзапэ щ1эплърэ лъэнк1ап1э гъуммэ Къэниболэткъэ!.



? ______Щ1алэм:



Жыгым къыпык1эр и уасэщ, ц1ыхум и уасэр и 1уэхущ1афэщ.



Абы хэту зы щ1алэм же1э:

- Кертб.-----Нэхъыжьым жьэ ет, нэхъыщ1эм гъуэгу ет, жыхуа1эр фщ1эрэ фэ,ей, неуэ , си къуэш, мастащэ.

Зы щ1алэм и щ1ыбым зыдедзэри къожьэхэр:

Тимур_____Уэхьэхьей , уэ тытей, уэ гуп махуэ, Хэт мастэ хуей, хэт мастэ ищэхуну., мастэ дэгъуэ сощэ, мастэ фщэху , зиунагъуэр бэгъуэнхэ, мастэ зо.

-фщэху мастэ, фыщ1егъуэжынкъым.



Хъыджэбзым:

----Дегъэплъыт, дегъэплъыт, мы уи мастэ бэлыхьлажьэм.( зэпеплъыхьри).

--------Дапщэк1э къыдэпщэну мы уи мастэр?



Тимур_ Щ1алэм:

---------Ей- ей, дахэ, мы си мастэр ауэ къызэрыгуэк1мастэкъым, къызэрыпщтэу езыр- езыру мадэ . Ауэ хъущ, уэ дапщэ къызэптын тхьэ?.



--=(хъыджэбзым щ1алэм и тхьэк1умэм и 1упэр 1уелъхьэри щэхуу зыгуэр же1э)

Тимур_ Щ1алэм:

- -Зы щай закъуэ жып1а? Ар дауэ уи жьэ къыжьэдэук1? .

-----Зы щай закъуэк1э мы си мастэ дэгъуэшхуэр уэсщэ нэхърэ си к1энт1ы1ум хэс1ужми нэхъыф1к1э тхьэ со1уэ.

---Мастэр абы и щ1ыбым исым и пхэм хи1у хуэдэу ещ1, адрейри к1ийуэ зыдредзей.



Щ1алэм

-----Уэ дыдыд, уэ - уэ уэу, уэ ды-дыд -зо

( Апхуэдэурэ т1эу-щэ ещ1.. щ1алэр и щ1ыбым къолъэжри же1э )



Щ1алэм

-Си лъыр къэбгъэплъащ , си гур къебгъэуащ, зы уэрэд жыс1эну си гум къилъэдащ.



Дахэжан.



Уи щхьэцыгъуэ дахэри ф1ыуэ зэ1убох,

А уи нэ нагъуит1ым нурыр къыщ1ех.

Уи нэм сыщ1эплъэхук1э си гур с1эпех,

А уи нэ нагъуит1ым сэ сыдэхьэхащ!



ф1ыуэ слъагъуу Дахэжан,

Си нэм хуэду Дахэжан,

Си псэм хуэду Дахэжан,

Дахэ дыдэу Дахэжан!



Сыт силажьэр, Дахэжан? сы щ1алэ къуданщ.

Узыхуэмей щ1алэхэм щхьэ сэ сахыубжа?

Усхуемейуэ щытымэ сыт щ1ыжомы1ар?

Сэ утыкум гущ1эгъуншэу сыт сыкъыщ1ибнар?!



Сэ ф1ыуэ слъагъуу Дахэжан,

Си нэм хуэду Дахэжан,

Си псэм хуэду Дахэжан,

Дахэ дыдэу Дахэжан!



Щ1алэ дахэ улъыхъумэ, дахэр дахэлъыхъущ,

Щ1алэ дэгъуэ улъыхъумэ уэ пхуэдэ сыхъунщ,

Щ1алэ хъыжьэу уи яужь итхэр пк1эрылъэлъыжынщ ,

Е ущыуэу 1эщ1ыб сыпщ1мэ ухущ1егъуэжынщ!







( Адыгэ уэрэдыжь же1э, адрейхэр дожьу)



Шидов Джэгуак1уэм:



------Уэ маржэ хъужынхэ, щ1эпщак1уэ щы1э «Дзэлдэуэ» мыджэгуауэ?

---------Хэт мышынэми фыкъет1ысэк1ыт. Тек1уэм ди къуэжэхь зэф1эхьым и япэ къыхэдзэр ейщ.

( Щ1алэхэр къот1ысэк1, хъыджэбзхэр къоувхэри . трагъэгушхуэ)



Фатима-----Тек1уэныгъэр къэзыхьынур Къэнщауэщ, ди жылэм и к1ыхьагък1э абы нэхъ къарууф1э дэскъым , -Еуэ, еуэ Къэнщауэ,



Рузанэ-----Хьэуэ, хьэуэ, тек1уэнур Хьэбалэ хахуэрщ.



Самира-----Еплъыт- т1э ар мы-Къаниболэтмэ? Абы нэхъ шу къек1у ди къуажэ псом дэскъым.





Шидов Джэгуак1уэм:

--- Тек1уэныгъэр къэзыхьар Къэнщауэщи, еуэ Къэнщауэ, уи къуэжэхьым къыхэдзэ т1э.



Тимур_ Щ1алэм:

--Хадэжьым соплъэри къэб ныкъуэ солъагъу.



-----Хъыджэбзхэм къащ1э.

Марина -Мазэ.



Фатима:

Уафэм щыкъарэ-щыкъарэ, щ1ылъэм щыкъэрэгъул, хьэцыбанэ гъэгъу, пхъэгъурык1э щып.



Астемир Щ1алэхэм къащ1э.

------Маф1э.



Сабрина

------- Зэкъуэшит1 гъуэгу напщ1ит1ым щопсэури заи зэрылъагъуркъым.



-Нэ.

Астемир-

----Дунейм тет псори зыгъашхэ.



Рузанэ

--------Щ1ы





Шидов - Джэгуак1уэм:

___Иджы сэ сызыхуейр фщ1эрэ фэ? Девгъауи , хъыбар дахэ дыкъевгъэда1уэ!.

____- Кертб.-----Уэлэхьи сэ вжес1эфынум хъыбар гъэщ1эгъуэн дыдэ. Фыкъэда1уэрэ псори?, Ат1а- а, еуэщ- е1эщ абыи нэху къыттещхьат жи.



Шидов - Джэгуак1уэм:

---------- Уэлэхьи пэжым ар. Щауэхэ, пщащэхэ! Феплъыт, нэху щы сф1ощ1! Хъэрзынэу зэманри дгъэк1уаи, ди сымаджэри едгъэзэшаи, иджы щхьэж и унэ бжэнлъакъуэщ, жыхуа1эращи, дэри дежьэжынщ.

Иджы ди къык1элъык1уэ къэк1уэгъуэм узыншэ дыдэ ухъужауэ дыкърихьэл1эну тхьэм жи1э.



- --Фатима -------- ------Унэгуащэм:



-Нобэ мыбы къытхуэк1уахэм узыншагъэ фи1эу,

Ц1ыхум ф1ыуэ фалъагъуу,

Махуэ жагъуэ фимы1эу,

Фи 1эпэм дыщэр къыпыщэщу,

Фи пщэдейр гуф1эгъуэу,

Фи гъащ1эр к1ыхьу,

Фи дунейр дахэу тхьэм куэдрэ фигъэпсэу!





Щ1алэхэм жа1э:

------Узыншэ тхьэм уищ1ыж.



Хъыджэбзхэм жа1э:



--Узыншэ дыдэ тхьэм уищ1ыж.













 
 
X

Чтобы скачать данный файл, порекомендуйте его своим друзьям в любой соц. сети.

После этого кнопка ЗАГРУЗКИ станет активной!

Кнопки рекомендации:

загрузить материал