- Учителю
- Открытый урок 3 класс Кто хочет стать миллионером
Открытый урок 3 класс Кто хочет стать миллионером
МКОУ «Гимназия №9» г.Черкесска
Урок-игра
в 3 классах
на тему
«Кто хочет стать миллионером?»
(проведен в рамках недели учителей родных языков)
Учитель черкесского языка и литературы
Шевхужева М.Х.
2015 - 2016 уч.год
</ Урок-зэпеуэ 3классхэм «Хэт мелуанырыбжэ хъуну хуей?»
Мурадхэр: адыгэбзэмк1э ящ1эм хэгъэхъуэн,я бзэм зегъэужьын, лъэпкъ щэнхабзэм теухуауэ ящ1эр егъэбыдыл1эн, гупу зэдэлажьэу егъэсэн.
Къэгъэсэбэпыпхъэхэр: тхылъымп1э зэмыфэгъухэр, лэныстэ, къэрэндащ зэмыфэгъухэр.
Нэрылъагъухэр: эмблемэхэр, газетхэр.
Зэпеуэм и ек1уэк1ык1эр:
Егъ: Хэт мелуанырыбжэ хъуну хуей? Дауи, псори! Ауэ абы щхьэк1э фи анэдэлъхубзэр ф1ыуэ фщ1эн хуейщ. Ди зэпеуэм и щэдзап1эу феда1уэ «Си адыгэбзэ» усэм, зытхар Абыт1эХъызыр.
Едж: Мэз щхъуант1э дахэм
Къуалэбзу усэр
Макъзэщымыщхэр зэрыщы1эф1у,
Си псэм ф1э1эф1хэщ…
Егъ: Гупхэм зыкъэдывгъэц1ыхуамэ ди гуапэт.
Япэ гупыр. Дыгъэм и бынхэр (эмблемэр къагъэлъпгъуэ, дыгъэм теухуа усэ жа1э)
Ет1уанэ гупыр. Лэгъупыкъу (эмблемэр къагъэлъпгъуэ, лэгъупыкъум теухуа усэ жа1э)
Егъ: Адэк1э ди щ1эныгъэр къэтпщытэнущ псалъэрыджэгук1э. гуп къэс я пащхьэ илъщ «1уащхьэмахуэ и дыгъэ» псалъэ зэпхар. Дакъикъитхум и к1уэц1к1э псалъэ нэхъыбэ къыхэзыщ1ык1ым балл нэхъыбэ къихьынущ. Балл къэс мелуан и уасэщ.
Егъ: Апхуэдиз псалъэ щыфщ1эк1э, къуажэхьхэри ф1ы дыдэу къэфщ1энущ. Къуажэхьым сыкъоджэри, япэ къэзыщ1эм къехь. Феда1уэ:
-
Вагъэр хужьщ, жылэр ф1ыц1эщ. (тхылъ)
-
Дэнэ ук1уэми, пк1эрымык1. (ныбжь)
-
Ди гуэн ц1ык1у лы изщ. (1эхъуалъэ)
-
Зи к1эр зылъэф, зи фэр зи бий. (бажэ)
-
Къан хъыджэбзит1 зэлъэпагъщ. (набдзит1)
-
К1уэ пэтми бжьиз зымык1у. (гущэ)
-
Маф1эм имыс, псым имытхьэлэ. (мыл)
-
Мэл хужь псы йофэ. (дзэ)
-
Нат1эрыдз, лъэрыдзын, уеуэ пэтми, мыуз. (топ)
-
Хадэм соплъэри къэб ныкъуэ солъагъу. (мазэ)
11)Жэщи махуи мак1уэ,бжьиз щыз хуэмык1у (сыхьэт)
Егъ.: Къык1элъык1уэ зэпеуэр епхащ дэрбзэр 1эщ1агъэм. Тхылъымп1э зэмыфэгъухэм фащэ къыхэфщ1ык1ынущ.
Егъ.:- Къык1элъык1уэ зэпеуэр « Хэт нэхъыбэ псалъэжь иц1ыху»
- Куэд еджэм, куэд ец1ыху;
- Щ1эныгъэр - къарущ;
- Узыщалъхуа Хэкур псом нэхърэ нэхъ лъап1эщ;
- Уи Хэкур лъэщмэ- урогушхуэ;
- Хэти езым и Хэкур ф1ыуэ елъагъуж;
-Уи Хэкур жэнэтщи,хамэщ1ыр жыхьэнэмэщ
-Хамэ Хэку сыщытхъэ нэхърэ си Хэкужь сыщ1ыл1э;
- Дыщэ унэ нэхърэ си унэжь;
-Ф1ы зыщ1эр ф1ы хуозэж;
- Природэр зыхъумэм и лъахэр ф1ыуэ елъагъу;
-Лъэпкъыр псэущ- бзэр и1эху;
-Улажьэу ушхэным нэхъыф1 щы1экъым;
-Щ1акхъуэр дыщэм нэхърэ нэхъ лъап1эщ
Егъ. -Къык1элъык1уэ зэпеуэр « Ребус къэщ1эн»
Егъ:- Къык1элъык1уэ зэпеуэр теухуащ «Къэщ1эрей и 1ыхьэ» (кросворд къэщ1эн)
Егъ.: Къык1элъык1уэ зэпеуэр «Хэт нэхъ псынщ1эу псынщ1эрыпсалъэ жызы1э»
- Дыгъэ къепсым сыкъригъэпсри
Си нэпсыр тк1уэпсу къыщ1игъэлъэлъащ;
- Псыпс, псыпс, псей дэк1ей
Зэпэпсыпсу дахэк1ей;
- Бжьэр бжьэматэм дэзщ,бжьэматэр бжьэпэм тезщ;
-Уашхэр шхэну къыщыт1ысым ,
Уашхэм уэшхыр къытешхащ;
Гуагуэ хугу гухъук1э егу;
Фи бзэр ф1ыуэ флъагъу, вгъэбзэрабзэ. Нобэрей зэпеуэм жыджэру фыхэтащ. Ар и к1эм нэсащ.