7


  • Учителю
  • Конспект вне классного мероприятия 'Адыги. Кто они?'

Конспект вне классного мероприятия 'Адыги. Кто они?'

Автор публикации:
Дата публикации:
Краткое описание:
предварительный просмотр материала

(Адыгэ уэрэд къоуэ.)

Адыгэм уи жьыр къысщ1ихухук1э,

Сэ маф1э гуащ1эуэ сыблэнщ.

Адыгэм папщ1э самыгъэпсэумэ,

Адыгэм пап1щ1э сыл1энщ.

ДЫГЪУЖЬ КЪУРМЭН.



1.ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгур кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ. Апхуэдэу щытми, цIыху лъэпкъыр хущIэхьащ куэду зэщхьэщыкIын я суфэткIэ, я бзэкIэ, я дуней тетыкIэкIэ, щIыпIэу зыщыпсэухэмкIэ. Нобэрей щIэныгъэм цIыхухэр я сурэткIэ, я нэпкъпэпкъкIэ егуэшыр негроид, монголоид, европоид жыхуиIэ расэхэмкIэ.

2.Е 19-нэ лIыщIыгъуэм псэуа нэмыцэ философ цIэрыIуэ Гегель и тхылъ «Псэм и философие» жыхуиIэм зэрыщитхымкIэ адыгэхэр европоидхэм я ипщэ къудамэм хыхьэу илъытэт. Абы европоидхэм къахигъэщхьэхукIт Кавказ расэр, икIи Кавказ расэм хигъэхьэт адыгэхэр, грузинхэр. Кавказ расэрауэ Гегель илъытэт дуней хъурей тхыдэжьыр къэзыгъэхъур, зыгъэкIуатэр.

3.Ди лъэпкъыр езыр сыт щыгъуи зэрызэджэжу щытар - адыгэщ, бзэуэ яIурылъар адыгэбзэщ; гъащIэ щIыкIэу, гъэпсыкIэу, дуней тетыкIэу, цIыху зэхущытыкIэу яIар адыгагъэщ, адыгэ хабзэщ. Ауэ адыгэхэм къакIуа илъэс мин бжыгъэ хъу гъащIэ гъуэгум нэгъуэщI лъэпкъхэм къыфIащауэ, къреджэу щытауэ тхыдэм цIэ куэд хэтщ.

4.Адыгэ-абхъаз-абазэ лъэпкъхэм я къекIуэкIыкIар зыдж еджагъэшхуэ куэдым зэралъытэмкIэ ахэм я къежьапIэу убж хъунущ илъэс минитхукIэ узэIэбэкIыжмэ щыIэ хьэт ( хат) къэралыгъуэжьыр. А къэралыгъуэм хыхьэу щытащ хы фIыцIэ Iуфэхэр хиубыдэу Анатолиер (иджы Тыркур), къухьэпIэ Кавказыр (Иджырей Грузиер), Абхъазыр, Краснодар Крайр, Адыгейр. Хьэт къэралыгъуэр къэзыгъэхъуа хьэтит лъэпкъым хыхьэ лIакъуэхэу абешла, кашк жыхуиIэхэрауэ ялъытэр адыгэ-абхаз-абазэхэм я бзэхэмрэ зэрызэтехуэращ.

5.Кашк цIэм къытекIыжауэ ябж зэман жыжьэхэм адыгэхэм зэреджэу щыта кешак, кашаг, касог цIэхэр.

6.Ди лъэхъэнэм ипэкIэ е 8-нэ - 7-нэ лIыщIыгъуэхэм къыщыщIедзэр кашк, абешла жыхуиIэ хьэтит лIакъуэхэм къатехъукIыжа Меот къэралыгъуэм. Меот къэралыгъуэр адыгэ лIакIуэ куэду зэхэтт. Ахэм ящыщт синдхэр, ахейхэр, керкетхэр, зиххэр.

7.Адыгэхэр сыт щыгъуи езыхэм я Хэку исыжащ икIи ахэм нэгъуэщI лъэпкъ адыгэ щыналъэм исауэ тхыдэм ущрихьэлIэкъым. Адыгэ щIыналъэр ябжу щытащ ищхъэрэмкIэ Тэн псым къыщыщIэдзауэ Кавказ мылылъэ бгыжьхэм ипщэкIэ еуалIэу. КъуэкIыпIэмкIэ адыгэ щIыгур нэст Сунжэ псыр Тэрч щыхэлъэдэжым.

8.Абы лъандэрэ блэкIа илъэсищэ бжыгъэхэм адыгэхэм я щIыгукIи я бжыгъэкIи хэщIурэ кIуащ. А лIыщIыгъуэ хьэлъэхэм адыгэхэр зауэ зэпымычым хэтащ. Адыгэ щIыналъэ дахэм, псомкIи бейм, Iузэв хым, хы ФIыцIэм лъэкIыныгъэшхуэу къаритым Iэджэ къехъуапсэт икIи апхуэдиз зи телъыджагъ Хэкур къезауэн мурадкIэ къэрал куэдым я дзэ IэщэкIэ зэщIэузэдахэр къизэрыгуэт. Илъэсищэ бжыгъэкIэ ахэм япэщIэтурэ, я щхьэ, я Хэку яхъумэжынымкъарууэ яIэр трагъэкIуадэурэ, я псэм емыблэжурэ къэгъуэгурыкIуащ адыгэхэр. Мисс аращ ди лъэпкъым къалэшхуэхэр , чэщанэхэр куэду ищIын щIыхущIэмыхьар.

9.НобэкIэ адыгэхэр щопсэу Урысейм хыхьэ Адыгей, Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм, Краснодар, Ставрополь крайхэм, Ищхьэрэ Осетие-Алании Республикэм. Ахэр езыхэр псори адыгэкIэ зоджэж, ауэ тхылъхэм щратхэкIэ адыгей, къэбэрдей, шэрджэс жэуэ иратхэ, а цIэ дыдэхэмкIи нэгъуэщI лъэпкъхэр къыдоджэ.

10.Урыс пащтыхьым е I8-I9-нэ лIыщIыгъуэхэм иригъэкIуэкIа лъэпкъгъэкIуэд-зэрыпхъуакIуэ политикэм и зэранкIэ илъэсищэм щIигъукIэ екIуэкIа Урыс-Кавказ зауэжьыр щиухым абы адыгэу къелам и процент 90-р Хэкужьым ирахури, Тыркум яхуауэ щытащ. А лъыгъажэшхуэ зауэм адыгэуи нэгъуэщI бгырыс лъэпкъхэуи хэкIуэдар зыхуэдизыр иджыри зыми къибжыфакъым.

11.НобэкIэ хамэ къэралхэм адыгэу щопсэу мелуанищым щIигъу. Адыгэм и нэхъыбэр здисыр Тыркуейр къэралырщ, щыIэхэщ Сирием, Египетым, Иорданым, КъуэкIыпIэ гъунэгъум и адрей къэралхэми, Балканым, КъухьэпIэ Европэм, Америкэм. Адыгэхэу Урысейм исыр 700 - м нос.

12.Япэми хуэдэу, ноби адыгэхэр лIакъуэ зыбжанэу зэхэтщ, Хэкужьырыс адыгэхэм яхохьэр лъакъуэхэу: шапсыгъэхэр - зыщыпсэур хы ФIыцIэ Iуфэрщ, бжьэдыгъухэр, абазэхэхэр, кIэмыргуейхэр - Адыгеей Республикэм исхэщ. Беслъенейхэр, къэкуэшыжа къэбэрдейхэр здисыр Къэрэшей-Шэрджэс Республикэрщ. Къэбэрдейхэр - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм исщ. Адыгэ чыристанхэр Ищхъэрэ Осетием и Мэздэгу районым исхэщ, Ставрополь, Краснодар крайхэми яхэпхъауэ къуажэ бжыгъэ яхэсщ.

13.Адыгэхэр дунейпсо цIыхубэ цивилизацэм хэлъхьэныгъэ гъэнэхуа хуэзыщIа, ар зыгъэкIуэта лъэпкъхэм ящыщщ. Египет, Сирие, Иордан къэралхэр зэфIэувэн щхьэкIэ а щIыналъэхэр псэупIэ зыхуэхъуа адыгэхэм я лIыгъэ, я акъыл, я гуащIэшхуэ халъхьэурэ къогъуэгурыкIуэ, ноби щагъэтакъым. Тыркуейр къэралри республикэй зэфIэувэн папщIэ и щIэнхабзэм , литературэм заужьыным хэлъхьэныгъэшхуэ хуищIащ ди лъэпкъым. Адыгэхэмрэ урысхэмрэ я зэпыщIэныгъэр Киевскэ Русым къыщожьэ. Урысей къэралыгъуэр зэфIэувэн папщIэ нэгъэсауэ къулыкъушхуэ щагъэзэщIащ, я гъащIэ куэди халъхьащ адыгэпщхэм, ахэм къатехъукIыжу лIыщIыгъуэхэм урысхэм зыхэзыгуэшэжа я бынхэм уеблэмэ адыгэпщ Темрыкъуэ, Къэбэрдейм я пщы нэхъыжьт, ипхъу Гуащэней Иван е IV, ЯбгэкIэ зэджэу щытам, и щхьэгъусащ.

14.Адыгэхэм я хабзэхэр, Адыгагъэр, я фащэр, Iэщэхэр, Нарт эпосыр, я щIыгу лэжьыкIэр, адыгэшхэр, Iэщ зехуэкIэр, нэгъуэщI куэд лъэпкъ гъунэгъухэм яфIэфIу ящтащ икIи ахэр адыгэхэм зэраIэрыкIыр ящыгъупщэкъым. Зэрыкавказу зэлъащIысащ адыгэ фащэр, ди къафэхэр, къызэрыфэ макъамэхэр. Тхыдэм зыщIыпIи къыхэщкъым адыгэхэр, сыт хуэдэу лъэщу щымытами, нэгъуэщI къэрал е нэмыщI лъэпкъ теуэу, зауэ иращIэкIыу къазэуауэ. Ауэ езы адыгэхэм я тхыдэ кIыхьым сыт щыгъуи къахудэхуащ я Хэку - Iуэдыщэр яхъумэжын, кIэи бжыхьи зимыIэж биймрэ ахэм къращIылIэ зауаехэмрэ япэщIэтын.

15.Адыгэхэм гъащIэ гъуэгуу къакIуам сыт хуэдэ гузэвэгъуэрэ, гужьеигъуэрэ хэмытами, сыт хуэдэ хьэзаб ятемылъами, дэнэ къэралыгъуэ къыщымыхутами, лъэпкъэ зэхуэмыдэ дапщэм яхуэмызами, яхузэфIокIыр я бзэр, адыгагъэр, зыми емыщхь адыгэ хабзэ гъуэзэджэр яхъумэжын.

16. «Хэкум сызэрыщымыпсэур дагъуэщ, ауэ абы къикIкъым псэупIэ схуэхъуа хамэ къэралми сыщымыадыгэфыну»,-жеIэ гукIи псэкIи къызыхэкIа лъэпкъым хуэпэж Бацэжь Мухьэмэд-Хъер. Ар Амман дэт адыгэбзэ зыщадж еджапIэм и факультетым и унафэщIщ, Иорданым къыщызэрагъэпэща «Нарт» дунейпсо адыгэ телевиденэм я пашэхэм языхэзщ. Псом я щхьэжыращи, Мухьэмэд-Хъер иджыблагъэ дунейм къытригъэхьащ хьэрыпыбзэкIэ къыдигъэкIа, томийуэ зэхэт «Адыгэ щIэнгъуазэр» (энциклопедиер).

17.Лъэпкъ куэд щы1экъым генералиссимус къахэк1ыфауэ. Генералиссимус Алыджыкъуэ - Черкасскэ Михаил.

18. Адыгэхэм псалъэжь куэд яIэщ. Ахэр Iуэхум здыхэтым къыщаIуэтэн яфIэфIщ. Мы зи гугъу къэтщIыну псалъэжьхэм къагъэлъагъуэ а лъэпкъым и уардагъыр:

Псэм и пэ - напэ;

Зи хэкурэ зи лъэпкърэ епцIыжыр цIыхукъым;

ЦIыхугъэ зыхэлъыр факъырэкъым;

ХьэщIэр унагъуэм щыщщ;

ХьэщIэ зэрымыс унагъуэм тхъэгъуэ илъкъым;

Бзылъхугъэ зэрымыс унэрэ мэш зэрымыт хьэсэрэ;

Бзылъхугъэм ехъуэным езым зыхиутэжу аращ;

Уэркъыгъэр зэпхар лIыгъэращ, къызыхэкIа лъэпкъыракъым;

Гур кIуэдмэ, шыр жэкъым;

ЦIыхум и пащхьэ ущыщыт хъунри, и щIыбкIэ бубынри зыщ.



19. Адыгэ хабзэ


Адыгэ хабзэм хэзымыщlыкlыр
Къуршхэм еупщlмэ, къыжраlэнщ,
Адыгэ лlыгъэр зыщlэн зыфlэфlым
Джатэдзэм lуплъэм къыгурыlуэнщ.

Адыгэ пщащэ умылъэгъуамэ,
Гъатхэ мазэщlэм зэ худэплъей,
Адыгэ пшынэ зэ уедэlуамэ,
Къыпхуэщlэжынкъым здэщыlэр жей.

Гъуэгуанэ жыжьэм утеувэнум,
Адыгэ щlалэ гъусэ зыдэщl.
Адыгэ хэкур зэщхьыр къэпщlэнум,
Гъэмахуэ дыгъэм плъапlэ ныхуэщl.

Адыгэ напэр, дэ ди нэмысыр
Пщэдджыжь уэсэпсым уигъэлъагъунщ,
Ди хьэгъуэлlыгъуэр уигум зэ нэсмэ,
Узыщыщ лъэпкъыр пщыгъупщэжынщ.

Слова Бетала Бахова

20.Адыгэхэм я ныпыр XIX лlэщlыгъуэм Адыгэ хэкум ейуэ къащта ныпщ:
ныпым и удзыфагъэм къикlыр псэуныгъэмрэ, гъащlэмрэ, къэкlыгъэмрэ,
шабзэшищым зэкъуэтыныгъэрэ мамырыныгъэрэ къокl,
вагъуэ 12-м - Адыгэ хэкум и жылэ 12 къегъэлъагъуэ:
1. шапсыгъ, 2. абазэхэ, 3. натхъуаж, 4. къэбэрдей, 5. беслъэней, 6. кlэмыргуей, 7. хьэтыкъуей, 8. бжьэдыгъу, 9. еджэрыкъуей, 10. убых, 11. абхаз, 12. абазэ.

21.

БЕМЫРЗЭ МУХЬЭДИН

Адыгэ лъэпкъым и 1эпкълъэпкъ пщык1ут1-
Адыгэ анэм и зэш бын гъуэзэджэ,
Фэ адэжь хэкум вагъуэу фыщылыдт,
Фыкъэзылъагъухэр къывэхъуапсэу зэк1э.
Натхъуэджыр, беслъэнейр, еджэрыкъуейр,
Жанейр, мэхъуэшыр, хьэтыкъуейр, шапсыгъыр,
Ит1анэ абазэхэр, къэбэрдейр,
Адэмей л1акъуэр, к1эмыргуейр, бжьэдыгъур.
Кавказым и дахэп1эр фэ фи хэкут,
Щ1ыгулъым я нэхъ бейр фи хьэсэ щ1ап1эт,
Къэрал зэмыщхьхэм къыфхухашу гъуэгу,
Фи тенджыз 1уфэр я1эт кхъухьтедзап1эу.
Иджы фэ дуней псом фыщикъухьащ…
Фэрыншэу нэщхъеялэщ чэщей мэзхэр,
Фэрыншэу, уэгум вагъуэ щипхъыхьар
Мэкъуауэ бадзэу, маф1э нэпц1к1э мэсхэр.
Адыгэ лъэпкъым и лъакъуэ пщык1ут1,
1эпкълъэпкъыу ц1ыхум фэ фхуэдизщи и1эр,
Зыгуэр фыхэщ1у и гур ивмыуд,
Фи псэуныгъэр гурыф1ыгъуэу зи1эм.

Ирехъу и 1энэр узэда
Езы хьэтыкъри ирегъаблэ,
Адыгэм и гур зыт зэтар-
Къащымыхъунырт ар ныбаблэ.
Шей ф1ыц1э ефэми езыр,
Хуей хъумэ и щхьэм щ1эмып1астхъэу,
И хьэщ1эм папщ1эк1э хьэзырт
Абы сыт щыгъуи и шыгъу п1астэр.
И хэкур дахэт, и щ1ыр бейт,
И 1эщым тафэр яуфэбгъурт,
И зы бгъум хыр къыщыкъубейт,
Тен 1уфэ нэсырт адрей и бгъур.
И щ1алэм зищ1у лъэгущ1этын,
И напэр к1апэк1э имыщэт.
Е, ажал пащхьэм хуитт итын,
И гъащ1эм лъа1уэк1э пимыщэт.
И пщащэм и щхьэм пщ1э хуищ1ыжт,
Бзылъхугъэ щ1ыхьыр ихъумэфырт,
Дахагък1э - гъащ1эр щыз зыщ1ыжт,
Гуапагък1э - унэм и жьэгу маф1эт.
Адыгэ щ1эблэр вагъуэ бынт,
Адыгэ л1ыжьхэр акъыл бащэт,-
Адыгэм сыт ядэбгъуэфынт,
Насып ща1атэмэ мы гъащ1эм…

Хабзэ дахи уеблэм ямыдэжу,
Зэпымыууэ мы дунейм зехъуэжыр.
Щахыжащ адыгэм фащэ ек1ур,
Куэдми яхъуэжащ я адэжь хэкур...
Ауэ къахуэнащ ц1ыху ц1ык1ум гугъэ,
Адэ щ1эиныф1у 1эф1- шыугъэр.
Игъэжейкъым, ехьыр гурыгъузым...
Япэм хуэдэу ягури мэузыр.
Япэм хуэдэу еужьыгур гъащ1эм,
Щызэтрехьэ губжь гъэплъа псэ лъащ1эм.
Мызахуагъэми хьэуар къегъэплъыр,
Япэм хуэдэу нэр мэплъызыр, хэплъэу:
Ц1ыху псэ къабзэм хуримыкъу и махуэр,-
Нэпс къыпотк1ур 1эмыщ1из улахуэм...
Ц1ыху напэншэм, дэмыплъейуэ уафэм,
Зигъэщихъыу, ещ1ри щысщ унафэ...

22.Кърихьэл1ахэм дохъуэхъу:

МАХУЭ ЖАГЪУЭ ФИМЫ1ЭУ,
ФИ1Э Ф1ЫГЪУЭР ЗДЭДГУЭШУ,
ДИ ШАГЪДИЙХЭР ЗДИДГЪЭЛЪУ,
ВАГЪУЭМ ПЭБЖЫР ДИ 1ЭЩУ,
Л1ЫХЪУ ПЭЛЪЫТЭР ДИ ЩАУЭУ,
ЩЫУЭНЫГЪЭР ДИ МАЩ1ЭУ,
ПЩ1Э ЗЫХУЭТЩ1ЫР НЭХЪЫЖЬУ
ДИ НЭХЪЫЖЬХЭР ГУБЗЫГЪЭУ
ДИ ТХЬЭМАДЭМ
ДЗАЖЭ ДАКЪЭР Я 1УСУ,
ДИ ЖАГЪУЭГЪУХЭР ТФ1ЭЛ1ЫК1ЫУ,
ТЛЪЭК1ЫР ДЛЭЖЬРЭ ДЫТХЪЭЖУ,
ДИ ТХЪЭЖЫГЪУЭР ГЪУНЭНШЭУ,
ГУЩ1ЭГЪУНШЭ ТХЭМЫТУ,
ГУЗЭГЪЭНИ ТХЭМЫТУ,
ДИ ГЪАВЭМ БЕРЧЭТЫР ХЭЛЪУ,
ХЪУЭХЪУР ДИ КУЭДУ!
ХЪУЭНЫР ДИ МАЩ1ЭУ,
ДИ УНЭМ НУРЫР КЪЫЩ1ИХЫУ,
АФЭР ДИ БЫДЭУ,
ДИ ПСАЛЪЭ ДГЪЭПЭЖУ,
ЖЫТ1ЭМ ЗЭИ ДЕМЫПЦ1ЫЖУ,
ПЩ1Э КЪЫТХУАЩ1У,
ПСОРИ ТЩ1ЭХЪУЭПСУ,
ДИ Щ1АЛЭХЭР ЗЕК1УЭ ЕЖЬАМЭ,
ДЫЩЭПЛЪЫР Я ПАЩ1ЭУ
ЗДАУНЭТ1ЫР ПШЭРЫХЬУ,
ДИ УНЭР УАРДЭ УНЭЖЬРЭ,
БЫСЫМЫР ХЬЭЗЫРУ,
ШЫГЪУ П1АСТЭР ДИ КУЭДУ,
ВЫЖЬХЭР ЩАУК1ЫУ,
АХЭР Я ХЬЭЩ1ЭНЫШУ ,
ХЬЭЩ1ЭЩЫМ ХЬЭЩ1ЭЩЫМ Щ1ЭЗУ,
САНЭР ЩЫЩ1АШРЭ,
ХЪУЭХЪР ЩЫЖА1ЭУ,
ХЪУЭХЪУУ ЖА1ЭРИ ТЛЪЭ1ЭСУ,
УАРЕ -ДАДЭМ Щ1АДЗАМЭ,
Щ1ЫЛЪЭР ДЕЖЬУУЭ
ДЖЭГУР КЪЫЗЫ1УАХАМЭ,
УТЫКУ ХУИТЫЩХУЭР ЯМЫУНЭЩ1УУ,
ИК1ЫМ КЪРИХЬЭУ
КЪИ ХЬЭМ КЪРИНЭУ,
ТХЬЭМ И МАХУЭР ДИ БЖЬЭБЛУ ,
МАХУЭР ДЫГЪЭПСК1Э КЪЫТХУЕПСУ,
ДЗЫ КЪЫТХУАМЫЩ1УУ,
ПЩ1Э ЗЭХУДИ1ЭУ,
ДАХЭУ ДИ1ЭР ЕДГЪАШЭУ,
КЪАТШЭ НЫСЭР ТХУЭМАХУЭУ,
ДИ ЖЬЭГУМ МАФ1ЭР МЫУЖЬЫХЫУ,
ДИ ЛЪЭПКЪЫМ ГУФ1ЭГЪУЭ ЩЫКУЭДУ,
ЗЫМ 1ЭПЫХУР ЗЫМ КЪИЩТЭЖУ,
ЗЫМ И ПСАЛЪЭР ЗЫМ ДГЪЭПЭЖУ,
АНЭДЭЛЪХУБЗЭРИ ДГЪЭПЭЖУ,
УЗЫНШАГЪЭ БЫДЭ ДИ1ЭУ-
ДУНЕЙР ЩЫТЫХУК1Э ДЫПСЭУНУ-
ТХЬЭМ ЖИ1Э!!!!!!!!!!!!!!!!!!!!

(Адыгэ уэрэд къоуэ) Зэ1ущ1эр ек1уэк1ыху щэхуу адыгэ макъамэ къоуэ.



 
 
X

Чтобы скачать данный файл, порекомендуйте его своим друзьям в любой соц. сети.

После этого кнопка ЗАГРУЗКИ станет активной!

Кнопки рекомендации:

загрузить материал