- Учителю
- План -конспект Журт Биберд Адэ лъапсэжь
План -конспект Журт Биберд Адэ лъапсэжь
Темэр: Зауэм зеиншэ ищIа сабийхэм ятелъа бэлыхьыр Журт Биберд и «Адэ лъапсэжь» рассказым къызэрыщыгъэлъэгъуар.
Мурадхэр: Зауэм къихь бэлыхьымрэ хьэзабымрэ Журт Биберд и «Адэ лъапсэжь» рассказым къызэрыхэщыжым еджакIуэхэр щыгъуазэ щIын.
Зауэм гущыкI хуегъэщIын, мамырыгъэм пщIэ хуащIыфу, ар яхъумэным хущIэкъуу егъэсэн.
Урокым къыщыгъэсэбэпыпхъэр: компьютернэ презентацэ, тхакIуэм и сурэт, зауэм теухуа тхылъхэм я выставкэ.
Урокым и екIуэкIыкIэнур.
-
ЕджакIуэхэр урокым хуэгъэхьэзырын.
Егъ. Унэ лэжьыгъэр къэпщытэжын щIэддзэн ипэ къихуэу ролик фэзгъэлъагъунущи феплъыт. (Зауэм теухуа ролик кIэщI йоплъхэр).
ЦIыкIухэ, мы иджыпсту дызэплъар къыщыхъуар сыт хуэдэ зэман?
(Мозговой штурм)
Едж. Хэку зауэшхуэм и зэманырщ.
Егъ. Пэж дыдэщ, хэку зауэшхуэм и зэманырщ. НтIэ мыпхуэдэ зыупщIэ фхузиIэщ. Пэжщ, фэ иджыри тхыдэм фIыуэ фыщыгъуазэкъым, ауэ псоми фщIэуэ къысщохъу. Сыт хуэдэ гъэ Хэку зауэшхуэм щыщIидзар?
Едж. Июным и 22-м I94I гъэм, махуэр тхьэмахуэ махуэу щIидзащ зауэм.
Егъ. Сыт хуэдэ гъэм увыIа - тIэ зауэр?
Едж. Майм и 9-м I945 гъэм увыIащ
Егъ. НтIэ, сыщымыуэмэ, есэпымкIи фыхуэмыху хуэдэкъым, къэвбжыт, илъэс дапщэ хъууэ пIэрэ зауэр зэрыувыIэрэ?
Едж. Зауэр ди текIуэныгъэкIэ зэриухрэ мы гъэм илъэс блыщI мэхъу.
Егъ. Пэжщ. Упсэу. НетIэ дызэплъа фильмым сыт хуэдэ гупсысэм фыхуишэрэ?
Едж. Зауэр сыт щыгъуи зэрынасыпыншагъэм, бэлыхьрэ хьэзабу абы къишэр зыхуэдэм, абы и кIэри и пэри хьэдагъэу зэрыщытым.
Егъ. ГурыIуэгъуэщ зауэм и пэр щIэхьэдагъэр, ауэ фэ дауэ къыфщыхъурэ, зауэм и кIэри щхьэ хьэдагъэ?
Едж. Зауэм щыщIидзэм деж псори зауэм макIуэхэр, Iэщэ яIыгъыу, хэкIуэдэнум и бжыгъэр къыпхуэщIэнукъым. Аращ зауэм и пэр щIэхьэдагъэр. Зауэр иуха нэужь псэууэ къэнахэр къокIуэж, ар гуфIэгъуэшхуэщ, ауэ зэи къэмыкIуэжынухэм я Iыхьлыхэм дежкIэ етIуанэ хьэдагъэщ.
Егъ. Псоми жэуап пэж дыдэщ къызэфтар. Сыт - тIэ зауэм нобэ дыщIытепсэлъыхьыр?
Едж. Нобэ дэ зэпкърытхыну Журт Биберд и «Адэ лъапсэжь» рассказыр зытеухуар зауэ зэманырщ, сэ арауэ къысщохъу абы нэхъ дыщIытепсэлъыхьыр.
Егъ. Упсэу. Пэж дыдэщ. НэгъуэщI сыт хуэдэ рассказ вджауэ фщIэжрэ зауэм теухуауэ?
Едж. Дэ деджащ Къашыргъэ ХьэпащIэ и «Зы жэщ», Гъэунэ Борис и «Уэ къэкIуэж закъуэ, папэ», БакIуу Марие и «ЩIакхъуэ» рассказхэр.
Егъ. Нобэ зэпкърытхыну рассказыр кIэщIу къэтпщытэжынщ.
Едж. КIэщIу топсэлъыхьыж рассказым.
Егъ. ЦIыкIухэ, мы рассказым фыщеджэм щыгъуэ къывгурымыIуа псалъэ къыхэкIауэ пIэрэт?
Едж. Сэ срихьэлIащ псалъиплI. Ахэр гуэншэрыкъ, цей, хуэзэж техауэ, фэIуадзэ псалъэхэрщ. Мамэ сеупщIати зищIысыр имыщIэу жиIащ.
Едж. Сэ ди нанэ сеупщIати гуэншэрыкъри, цейри, фэIуадзэри зищIысыр къызжиIащ, ауэ хуэзэж техауэ жихуиIэм къикIыр ищIэртэкъым.
Словарнэ лэжьыгъэ.
Егъ. ЦIыкIухэ, мы псалъэхэм е хьэпшыпхэм фрихьэлIэрэ?
Едж. Хьэуэ, дрихьэлIэркъым.
Егъ. Сытым къыхэкIауэ къыфщыхъурэ ар?
Едж. Ахэр къагъэсэбэпыжыркъыми зэреджэхэр тщIэжыркъым. Ахэр жьы хъуахэщ.
Егъ. Пэжщ. Ахэр жьы хъуащ, абыхэм я пIэкIэ нэгъуэщI хьэпшыпхэр къежьащ. А къэдмыгъэсэбэпыжхэм я гъусэу я цIэхэри кIуэдыжащ. АтIэ сыт хуэдэ хьэпшыпхэр къежьауэ пIэрэ мы кIуэдыжа хьэпшыпхэм я пIэкIэ?
Едж. Цейм и пIэкIэ цыджанэ, кIэстум хуэдэхэр къежьащ, гуэншэрыкъым и пIэкIэ - вакъэ зэмылIэужьыгъуэхэр, ахэр IэкIэ ящIыжыркъыми хуэзэж трахыжыркъым, фэри фэIуадзэкIэ ягъэщэбэжыркъым, абы и пIэкIэ заводышхуэхэр ящIащ.
Егъ. АдэкIэ докIуэ. Мы слайдым ит псалъэхэр тэмэму зэкIэлъыфхьи псалъэуха къахэфщIыкIыт.
Уи, умыбгынэ, гъуэгужьрэ, уи, адэ, адэ, и, благъэжьрэ, и.
Iэпэгъум, зи, гъунэгъу зи, и, насыпщ. Пэт, и, ибгынэркъым, хьэрэ, къуажэ.
Гуауэр, пщегъэгъупщэ, дахэм, псалъэ.
Егъ. Мы псалъэуха къыхэфIщIыкIахэр сыт зищIысыр?
Едж. Ахэр псалъэжьхэщ.
Егъ. Тэмэм дыдэщ. Сыт псалъэжьхэм къыдагъащIэр?
Едж. Ахэм дагъасэ, даущий, цIыху хэтыкIэ, дуней тетыкIэ тщIэуэ дыкъэхъунымкIэ сэбэпышхуэ мэхъу.
Егъ. РассказымкIэ дгъэзэжынщ. Хьэжсуф цIыкIу анэшым яшэжыныр къызыхэкIар сыт?
Едж. И адэр зауэм хэкIуэдауэ хъыбар къаIэрыхьа нэужь, и анэм, нэхъ зыхуей щыхуэзэнщ, жиIэри и дыщым ишэжащ.
Егъ. Дауэ къыщыхъуа Хьэжсуф цIыкIу и анэшым зэрашэжыр, фIэфIу кIуэжа, хьэмэрэ хуэмейуэ ялъэфа?
Едж. Япэ щIыкIэ, щIашэр къыщыгурымыIуэм, гуфIэжу жэри шыгум итIысхьэри кIуащ, ауэ псори къыгурыIуа иужькIэ къэкIуэсэжурэ гугъу иригъэхьащ.
Егъ. Хьэблэм дауэ къащыхъуа Маржынэт ищIар?
Едж. Маржынэт и дыщым зэрыкIуэжар хьэблэм дэсхэм ягу къеуащ. Псом хуэмыдэу я жагъуэ хъуащ, си дыщым нэхъ зыхуей щыхуэзэнщ жызоIэ си щIалэ цIыкIур, зэрыжиIар?
Егъ. Рассказым ар къыздыхэщ щIыпIэр къэдвгъэгъуэти дыкъевгъаджэт.
Едж. Хьэблэр кIэлъыпыхьэу….Маржынэт и иужьрей псалъэхэр псоми ягу ежэлIат.
Егъ. ЦIыкIухэ, нетIэ къыхэфщIыкIа псалъэжьхэм мыпхуэдэ яхэтщ «Хьэрэ пэт и къуажэ ибгынэркъым». А псалъэжьыр зыхуэпхь хъуну щIыпIэр къэвгъуэти фыкъеджэт.
Едж. Пэжу, хьэр гъунэгъу лIыжьым ишат….абзацыр.
(Тхылъымк1э гъэлэжьэн)
Егъ. Хьэжсуф зэи тIэуи къэкIуэсэжащ. Щыдашыжым дауэ дэкIыжа ар?
Едж. Ар анэшым кIуэжыну хуейтэкъым. Дашыжыху къэс гъуэгыу и анэм илъэфыжырт ар.
Теплъэгъуэ цIыкIу еджакIухэм ягъэлъагъуэ.
Егъ. Мы иджыпсту къэвгъэлъэгъуа теплъэгъуэм сыт къигъэлъагъуэрэ?
Едж. Мы теплъэгъуэм къегъэлъагъуэ уи адэжь и лъапсэ, укъызыхэк1а лъэпкъ, уи къуажэжь нэхърэ нэхъыфI зыри зэрыщымыIэр.
Егъ. Апхуэдэ щытыкIэм Хьэжсуф цIыкIу изыгъэувар сыт?
Едж. Сэ къысщохъу мы щытыкIэм Хьэжсуф изыгъэувар и анэрауэ. Абы хуэмейуэ щIалэ цIыкIур залымыгъэкIэ и дыщым ишащ.
Едж. Сэ абы жиIамкIэ сыарэзыкъым. А псори зи лажьэр зауэрщ. Ар мыхъуамэ ахэр унагъуэ насыпыфIэу зэдэпсэунут. (дебатхэр)
Егъ. Пэжщ.. Мы рассказым фыкъыщеджэм гу лъывмытауэ пIэрэ иджы щIагъуэу мыхьэнэ зрамытыж адыгэ хабзэ къыхэщу. Сыт хуэдэ хабзэт ар?
Едж. Ар зи быдзышэ зэIурылъ цIыхухэр зы анэм къилъхуам хуэдэу фIыуэ зэрылъагъуу, абы пщIэшхуэ хуащIу зэрыщытырт.
Егъ. А хабзэр лIыжьым игу къэзыгъэкIыжар сыт?
Едж. ЛIыжьым зэи и тхьэкIумэм икIыртэкъым щIалэ цIыкIу и гъы макъыр. Уэ сомыгъашэ мыгъуэ, дадэ. Уэ сыкIуэну мыгъуэкъым, дадэ. Мы псалъэхэм лIыжьыр жэщIкIэ ягъэжейртэкъым. КIуэуэ къишэжынути благъагъэкIэ къыгухьэртэкъым. ИтIанэ абы игу къэкIыжащ щIалэ цIыкIум и адэшхуэмрэ езымрэ я быдзышэ зэрызэIулъым.
Егъ. АтIэ дауэ къыфщыхъурэ, ди нобэрей хабзэм къезэгъыжрэ ар? Сыт абы ди нобэрей зэманым апхуэдэ мыхьэнэ а хабзэм щIрамытыжыр?
Едж. А хабзэр ди нобэрей зэманым къезэгъыжыркъым. Сэ къызэрысщыхъумкIэ, пщIэ тэмэм а хабзэм щIрамытыжыр мыращ: япэм цIыхухэр нэхъыфIу зэрылъагъурт, зи быдзышэ зэIурылъхэр зы анэм къилъхуам хуэдэу ялъытэрт, абы мыхьэнэшхуэ иратырт. Иджы цIыхухэри япэм хуэдэу зэкIэлъыкIуэжыркъым, дунейм ущыпсэуну нэхъ гугъу хъуащ , мылъку зэхуэхьэсынми цIыхухэр нэхъ дихьэхащ.
Егъ. Псалъэжьхэм дащытепсэлъыхьым нетIэ «Зи гъунэгъу зи Iэпэгъум и насыпщ» жытIащ. Сыт абы къикIыр?
Едж. Зи гъунэгъу фIыуэ зыхущытым и насыпщ, гъунэгъуфI уиIэм хуэдэ щыIэкъым жиIэу аращ. Абы и щапхъэщ Хьэжсуф цIыкIу и гъунэгъухэр.
Егъ. Иджы гупитIу зыдвэгъэгуэшыт. Япэ гупым Хьэжсуф цIыкIу анэшым ямышэжауэ къызыщывгъэхъуи адэкIэ къэхъунур фэ фызэрыхуейуэ къэвгупсыс. Адрей гупым щIалэ цIыкIур адэ лъапсэжьым къигъэзэжа нэужь, зэрыхъуауэ къыфщыхъур къэвгупсыс кIэщIу (гуп лэжьыгъэ)
Едж. Ятхам къоджэж.
Егъ. Иджыри зэ рассказым зыхуэдгъэзэжынщ. Мы рассказыр Журт Биберд щитхым къэпсэлъыкIэ къызэрыгуэкI мыхъуу худ. изобразительнэ Iэмалхэр къигъэсэбэпащ. Сыт хуэдэхэм фыщрихьэлIауэ пIэрэ мыбы?
Едж. Мы рассказым хэтщ зэгъэпщэныгъэхэр (мэл хьэпIатIэу зыкIэриукIауэ, нэ сабафэхэр), фразеологизмхэр (нэр тедияуэ, игу къутауэ, н)
Егъ. Упсэу, ф1ы дыдэу къэбгъуэтащ. Рассказыр зэпкърытхын щыщIэддзэми абы и ужькIи жытIащ псомкIи къуаншэр зауэрауэ. Зауэм куэд насыпыншэ, зеиншэ ищIащ. Сэри сыарэзыщ абыкIэ. Сыт-тIэ мы дунейм щынэхъ лъапIэр?
Едж. Сэ сызэригугъэмкIэ мы дунейм щынэхъ лъапIэщ мамырыгъэр.
Мамырыгъэр щыIэмэ, цIыхухэр хуиту псэунущ, лэжьэнущ, еджэнущ. Сыт щыIэ - тIэ абы нэхърэ нэхъыфI?
Егъ. Мамырыгъэ псалъэр адыгэбзэкIи урысыбзэкIи синквейн дывгъэщIыт.
Едж. Мамырыгъэ
Уардэ, бжьыфIэ
Дыкъехъумэ, дегъэгушхуэ, дегъафIэ.
Мамырыгъэм нэхъ лъапIэ щыIэкъым.
Хуитыныгъэ.
Едж. Мир
Гармоничный ,прекрасный
Не стоит, Движется ,Растет
Нет лучше мира на земле
Добро.
Егъ. ЦIыкIухэ, мы дунейм мамырыгъэр фIыуэ зылъагъу зэдащIэу псоми мамырыгъэм дамыгъэ иIэщ. Сыт хуэдэ псэущхьэу пIэрэ ар?
Едж. Ар тхьэрыкъуэщ. Сэ куэдрэ зэхызох «Голубь мира», «Мамырыгъэм и тхьэрыкъуэ» жаIэу
Физминутка. Егъ. НтIэ, тIэкIу фешауэ къыщIэкIынщи зывгъэпсэху хуэдэурэ тхылъымпIэ напэм къыхэдвгъэщIыкIыт тхьэрыкъуэ цIыкIу.
(ЕджакIуэхэм тхьэрыкъуэ цIыкIу ящIхэри егъэджакIуэм дежкIэ ягъэлъатэ).
Егъ. ИIэт, цIыкIухэ, зэдвгъэгъапщэт мы доскам щыфлъагъу сурэтитIыр. (Зым итщ мамырыгъэм и дамыгъэ тхьэрыкъуэ цIыкIум къилъэтыхьу, адрейм итщ зауэ щекIуэкI щIыпIэ, сэлэтхэм Iэщэ яIыгъщ). Дэтхэнэр нэхъ хъуэпсэгъуэ?
Едж. ДауикI, тхьэрыкъуэ цIыкIу зэрытырщ. А сурэтым деж уафэр къащхъуэщ, дунейр дахэщ, тхьэрыкъуэ цIыкIум мамыру къелъэтыхь. Адрейм деж зауэлIхэр Iэщэхэр яIыгъыу зауэм Iутщ.ЗауэлIхэр ешахэщ, я нэгухэр зэхэуфащ. Дунейри абыхэм ещхьу уфащ. Хэт зауэ хуейр? (Зэгъэпщэныгъэ)
Егъ. Пэж дыдэщ. Мамырыгъэр дыщи1эм деж тхьэрыкъуэ ц1ык1ум мамыру къилъэтыхьым и закъуэкъым, ат1э слайдым зэритым хуэдэу ди дыгъэ ц1ык1ури уафэм къытхуогуф1эх. Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъущи, зауэр иухами, ди щIыналъэм зауэ щемыкIуэкIми, иджыри апхуэдэ щIыпIэхэр щыIэщ.
(Украинэм щекIуэкI зауэр къэзыгъэлъагъуэ ролик кIэщI йоплъ).
Дэнэ щIыпIэу пIэрэ мыр щекIуэкIыр?
Едж. Ар Украинэрщ. Абы иджыпсту щокIуэкI зауэр. Сыт хуэдиз насыпыншагъэ цIыхум къахуихьрэ абы, дапхуэдиз зеиншэ ищIа, зыщIэсын ямыIэжу дапщэ уэрамым къыдина абы.
Егъ. Иджыпсту дунейр ещанэ дунейпсо зауэм и бжэщхьэIум тетщ жытIэми дыщыуэнукъым. Апхуэдэ къэмыхъун папщIэ сыт тщIэн хуейр?
Едж. Апхуэдэ къэмыхъун папщIэ дэ тхузэфIэкI псомкIи дыхущIэкъун хуейщ мамырыгъэр хъумэным.
Егъ. Хэку зауэшхуэм и мафIэр зэи мыужьых мафIэу ди цIыхубэм къахэнащ. Абы теухуауэ зы усэ дыкъеджэнщ.
Едж. МафIэ мыужьых.
Рефлексие.
Егъ. ЦIыкIухэ, дэ нобэ фIы дыдэу зэпкърытхащ «Адэ лъапсэжь» рассказыр
Сыт нэхъ фигу ирихьауэ мы рассказым хэлъыр.
Едж. Сэ сигу ирихьащ Хьэжсуф цIыкIу и адэ лъапсэр, зыхэса хьэблэр, лъэпкъыр игу пымыкIыу къызэригъэзэжар.
Егъ. Дауэ къыпщыхъурэ, уэ пхузэфIэкIынут Хьэжсуф цIыкIу хузэфIэкIар? Мы рассказым къызэрыхэщымкIэ, ар уи ныбжьщ.
Едж. А зэманым сыпсэуамэ, сщIэртэкъым схузэфIэкIынуми, ауэ иджы зэманым схузэфIэкIынутэкъым.
Егъ. ФымыщIэ гуэр щIэуэ къэфщIауэ пIэрэ?
Едж. Сэ къэсщIащ сыт хуэдэ тхъэгъуэ нэгъуэщI щIыпIэ къыщыппэмыплъэми, уи адэ лъапсэжь, уи къуажэжь, уи лъэпкъ нэхърэ нэхъыфI зэрыщымыIэр.
Едж. Сэ языныкъуэ псалъэжьхэм я мыхьэнэр къэсщIащ.
Едж. Сэ жьы хъууэ кIуэдыжа псалъэхэри ахэр жьы хъууэ бзэм щIыхэкIуэдыкIри къэсщIащ.
Егъ. Иджыри сыт къэфщIамэ арэзы фыхъунут?
Едж. Зауэм, мамырыгъэм теухуа тхыгъэхэм нэхъыбэу сежджэну сыхуейт.
Егъ. (сабий къэс я пащхьэ смайлик ц1ык1у щырыщ илъщ) Иджы псори фи пащхьэм илъ смайлик ц1ык1ухэм феплъыт. Ахэр зыри зэщхькъым, зыр мэгуф1э, зыр хогупсысыхь, зыр нэщхъыцэщ. Сэ нобэ урокыр къызгуры1уащ жызы1эм смайлик гуф1эр къе1эт, псори къызгуры1уакъым жызы1эр хэгупсысыхьауэ щытыр къе1эт. Зыри къызыгурымы1уам нэщхъыцэр къе1эт.
Едж. Смайликхэр къа1эт
Егъ. Псори фIы дыдэщ. Пэжщ, цIыкIухэ, нетIэ жыфIар. Зауэ къэмыхъун щхьэкIэ балигъри сабийри тхузэфIэкI псомкIи дапэщIэтын хуейщ зауэщIэкъухэм. Ди жагъуэ зэрыхъущи, апхуэдэхэр куэдщ. Апхуэдэхэрщ зи зэранри Украинэм щекIуэкI зауэр. Дэ иджыкIэ дыкъахъумэ ди къэрал унафэщIхэм, дяпэкIи дащыгугъынщ, зауэм дыщахъумэну. Ди урокым и кIэухыу Гъубжокъуэ Лиуан и усэ псалъэкIэ зыфхуэзгъэзэну сыхуейт.
ЩIэблэр топ уэ макъым зыкIи хуейкъым,
Къыхэмыщту ахэр ирежей.
ЩIыми, псыми, уэгуми фыщызекIуэ,
Зауэ гъуэгур къыхэвмых къудей.
Оценкэр гъэувын.
Унэ лэжьыгъэр етын.
Унэ лэжьыгъэу етын езыхэр зыхуей кIэухыр рассказым иратыну.