7


  • Учителю
  • План -конспект Псы къиуа Елгъэр Кашиф

План -конспект Псы къиуа Елгъэр Кашиф

Автор публикации:
Дата публикации:
Краткое описание:
предварительный просмотр материала

Темэр: Елгъэр Кашиф и «Псы къиуа» рассказым анэ лъагъуныгъэм и

инагъыр къызэрыхэщыр зэпкърыхын.

Мурадхэр: 1. Анэм быным хуи1э лъагъуныгъэм и инагъыр сабийхэм нэсу

зыхегъэщ1эн:

2. Дыкъэзыухъуреихь дунейр ф1ыуэ ялъагъуу егъэсэн, ар

хъумэным, пщ1э хуащ1ыфу щытыным я гупсысэр хуэшэн







Урокым къыщыгъэсэбэпыпхъэр



  1. Елгъэр Кашиф и сурэт, и тхылъхэм я выставкэ.

  2. Урокым хуэщ1а презентацэ

  3. Компьютер, проектор.



Урокым и екуэк1ык1энур.

  1. Орг. Дакъикъэ.

  2. Унэ лэжьыгъэр къэпщытэжын.



Егъ .Ц1ык1ухэ, ди урокым щ1эддзэн и пэ къихуэу мыпхуэдэ упщ1эхэмк1э

зыфхуэзгъэзэну сыхуейт. Сытым ебгъэщхь хъуну мы ди гъащ1эр?

Едж. Гъащ1эр ебгъэщхь хъунущ къиуауэ нэри пэри зыхьу ежэх псы уэрым.

Егъ. Сыт ар абы щ1евгъэщхьыр?

Едж. Псы губжьар зыми щысхьыркъым. Икъук1э къаруушхуэ уи1эн хуейщ.

абы упэщ1этыфын щхьэк1э. Гъащ1эри аращ. Абы и толъкъунхэм

ущызэрадзэм дежи уапэщ1этыфын щхьэк1э къаруушхуэ

къыпкъуэк1ын хуейщ.

Егъ.: Хэт и деж занщ1эу фи гур здэжэр фыщыгузавэм деж?

Едж.: Анэм деж.

Егъ.: Тху къыщыфхьахэм деж, хэт япэ дыдэ вгъэгуф1эр?

Едж.: Анэр.

Егъ.: Хэт фыщысымаджэм деж мыжейуэ къыфщхьэщысыр?

Едж.: Анэр.

Егъ. Упщ1э 1эджи пхуэгъэувынущ анэм теухуауэ. Гъунапкъэншэщ анэм.

быным хуи1э лъагъуныгъэм и инагъыр. Урок к1уам унэ лэжьыгъэу

фэстауэ щытат «Псы къиуа» рассказым феджэу фытепсэлъыхьыжыфу

фыкъэк1уэну. Иджы къэтщпщытэжынщ рассказыр зытеухуар. Гъэм и

сыт хуэдэ зэмант, сыт хуэдэ лъэхъэнэт Шариф зи гугъу ищ1ыж

1уэхугъуэр къыщыхъуар?

Едж. Гъэмахуэ махуэт ар къыщыхъуар. А лъэхъэнэм зауэр и гуащ1эгъуэу

ек1уэк1ырт, сабийхэм я адэр зауэм щы1эт. Я анэр сымаджэу куэдрэ

хэлъауэ къэтэджыжагъащ1эти унагъуэр дэ1эпыкъуэгъуншэт.

Егъ. Зауэ зэманым Шариф и фэм дэк1а гугъуехьыр сыт хуэдэ

псалъэхэмк1э къи1уэтэжрэ?

Едж. А лъэхъэнэм сэ сызеич лант1эти, си гъуэгур зы чыц1ыбжьэ

закъуэу шыхьат: чы лъэдакъэр мэзым щ1этт, чы щхьэк1эр бэзэрым

теуэрт. А зеичыр ща1уант1эк1э зэпымыщ1ык1ын щхьэк1э, ди анэм

лъэк1 къимыгъанэу бгъафэк1и 1эгуфэк1и игъэхуабэрт.

Егъ. Дауэ къывгуры1уэрэ мы псалъэхэм къарык1ыр?

Еджак1уэхэм жэуап къат.

Егъ. К1эщ1у хэт тхутепсэлъыхьыжын рассказым?

Едж. Рассказым к1эщ1у топсэлъыхьыж. (квантование)

Егъ. Хъарзынэщ. Иджы рассказыр зэпкърытхынщ.

Словарнэ лэжьыгъэ едгъэк1уэнщ. (Слайдк1э къредзэ мы псалъэхэр).

Хьэчэхьэпсэу, бешор зи лъэнк1эп1ауэр, вакъэзэщ1эдэ. Ахэм я

мыхьэнэр жа1э.

Егъ. Вакъэзэщ1эдэм нэмыщ1 сыт хуэдэ вакъэ л1эужьыгъуэхэр щы1а уэ

фщ1эрэ иджы къамыгъэсэбэпыжу, сыт ар къыщ1эдмыгъэсэбэпыжыр?

Едж. Гуэншэрыкъ, к1эрэхъ хуэдэхэр щы1ащ, ауэ ахэр

къэдгъэсэбэпыжыркъым, абыхэм я п1эк1э нэгъуэщ1 вакъэ

л1эужьыгъуэхэр къежьащ, псалъэхэри жьы хъури бзэм

План -конспект Псы къиуа Елгъэр Кашифхэк1уэдык1ыжащ.

Егъ. Мэзым к1уэ щ1алэ ц1ык1уит1ым анэр щхьэ як1элъыжа, дауэ

къащыхъуа ар щ1алэ ц1ык1ухэм.

Едж. Анэ 1эгум 1эщ1эпщ1энт1ыхьа шыгъу т1эк1ур Шариф щритам

абы къыщыхъуащ ар и у1эгъэм трик1утэну хуихьауэ. Абы анэ

пщ1энт1эпсыр ирифащ. И анэр гугъу иригъэхьащи Шариф шыгъум

щомэхъашэ.

ЕПлан -конспект Псы къиуа Елгъэр Кашифгъ. Щ1алэ ц1ык1уит1ыр зэрык1а псыр сытым иригъэщхьа Шариф?

Едж. Мывэ хужьхэм щ1эж псы къабзэр шыдыгу шэрхъым игъэутхъуа иужь Шариф иригъэщхьащ ар анэм къак1элъихьа шыгъум. Псым

ик1ыу къыщызэплъэк1ыжам, псыр къабзэт, нэхутхьэхут,нэщхъыф1эт.

Егъ. Квантованиер зищ1ысыр сыт?

Едж. Пычыгъуэр зэхуэхусауэ абы и гупсысэ нэхъыщхьэр а пычыгъуэм

къыхэхынырщ.

Егъ. Арати дыкъыдэк1ащ, жыхуи1эм щыщ1эдзауэ ,сигук1э ауан сощ1 а

гупсысэхэр, жыхуи1эм нэс фыкъеджи квантовать схуэфщ1ыт

Едж. Уэи, нэхъ ин дыдэу къыщиуам дежи л1ыгъэ и1эмэ, а псыр ди анэм

преуэфи.

Егъ. Тхак1уэм псымрэ анэмрэ зэрегъапщэ. Сытк1э зэщхь а т1ур?

Едж. Анэр гъащ1эм и къежьап1эщ. Псыри аращ. Псыншэу гъащ1э

щы1энукъым. Тхак1уэм ирегъапщэ ар и анэм. Зэзэмызэ зыгуэрым

игъэутхъуэми аргуэру къыпхуэгуф1эж зэпытщ, емышыжщ, псэм

е1эф1эк1щ. Анэри аращ: сыт щыгъуи гуапэщ, хуабэ зэпытщ.

Егъ. Псым сыт хуэдэ мыхьэнэ щи1э гъащ1эм?

Едж. Мы дунейм псэ зы1уту зыри щыпсэуфынукъым псыншэу,

зэман гуэрк1э псы емыфэу яхуэхьми, Псыр псэхэлъхьэжщ.

Егъ. Ат1э апхуэдиз къытхуэзыщ1э псым хуэфащэ пщ1э хуэтщ1рэ?

Едж. Хьэуэ. Языныкъуэхэм деж демыгупсысу псыр дуц1эп1урэ

щ1ыуэпсым и хабзэр докъутэ, ди щхьэм ди зэран зэредгъэк1ыжым гу

лъыдмытэу.

Егъ. Сытк1э и зэран къыдэк1ыжрэ псым пщ1э зэрыхуэдмыщ1ым?

ЕПлан -конспект Псы къиуа Елгъэр Кашифдж. Псыдзэшхуэу къоури ц1ыхум 1исраф

яхелъхьэ. Абы нэмыщ1к1э ф1ей тщ1а

псыежэххэр хыхэм, тенджызхэм

холъэдэж. А псыхэм ц1ыхухэм

зыщагъэпск1. Ар зэран яхуохъу абы хэс

псэущхьэхэми. Абы къыщаубыд

бдзэжьейхэр зышхыжри дэращ. Ар узынщагъэмк1э хуабжьу зэранщ.

Егъ. Ат1э апхуэдэ къэмыхъун щхьэк1э сыт тщ1эн хуейр?

Едж. Дэ, иджы къэхъу щ1эблэр, дыхущ1экъун хуейщ дыкъэзыхъуреихь

дунейр сыт щыгъуи тхъумэну, къабзэу зетхьэну.

Егъ.: Ф1ы дыдэщ. Иджы, ди лъэпкъ 1ущыгъэхэм щыщу и гугъу тщ1ынщ адыгэ псалъэжьхэм. Абыхэм сыт сабэпынагъыу я1эр?

Едж.: Псалъэжьхэр чэнджэщэгъу къытхуохъу, дагъэ1ущ, даущий, щыуагъэм

дыщахъумэ.

Егъ.: Иджы гуп- гуп лэжьыгъэ едгъэк1уэк1ынщ. Япэ гупым мыбдеж тет псалъэжьхэм и пэр къегъэжьащи, ар ик1эм нагъэсынщ, и мыхьэнэри къыджа1энщ.

Псыр ………….. псэхэлъхьэжщ

Псым езым……. езым и жап1э къегъуэтыж

Псы жап1эжь…… унэ томыщ1ыхь

Псы куэд зэхэлъэдэжмэ………….тенджыз мэхъу

Егъ. Ет1уанэ гупым мы псалъэухар тэмэму фтхыжынщи къыхэк1ыр ди пащхьэ къралъхьэнщ

Къонэ, псыр, жап1эр, гъужми. Ухуэл1эмэ, дахэщ, псым, 1эф1щи, плъагъур, ф1ыуэ. Щ1ы, щещ1, псырэ, щ1агъым, пэт, гъуэгу. Хотк1уабзэ, ц1ык1у, псышхуэм, псы.

Едж. Псыр гъужми жап1эр къонэ. Псы ухуэл1эмэ, 1эф1щи, ф1ыуэ плъагъур дахэщ. Псырэ пэт щ1ы щ1агъым гъуэгу щещ1 Псышхуэм псы ц1ык1у хотк1уабзэ.

Егъ. Адэк1э док1уэ. Мы доскам феплъыт. (псы къиуа роликк1э

къегъэлъагъуэ). Сыт мыбы щыфлъагъур?

Едж. Псы къиуа шынагъуэщ.

Егъ. Сытым евгъэщхьрэ мыр?

Едж. Щ1алэ ц1ык1уит1ыр къызрихьэл1эжа псы къиуа шынагъуэрщ.

Егъ. Хэт ягу къэк1ыр щ1алэ ц1ык1ухэм псы къиуам щы1уплъэм?

Едж. Я анэрщ. Ямылъагъу щ1ык1э псэк1э зыхащ1э а т1ум я анэр къапежьауэ.

псы 1уфэм гузавэу зэры1утыр. Я анэр щалъагъук1э т1уми я гур

мэпсэхуж. Псы 1уфэ зырызым 1утми, зыхащ1э анэм и лъагъуныгъэр, и

гущ1эгъуныгъэр.

Егъ. Сыт игу къэк1ыжар Шариф псы къиуар щилъагъум?

Едж. Анэмрэ псымрэ щызэригъапщэм Шариф егупсысат хэт нэхъ лъэщми

ик1и къыщыхъуат анэр нэхъ къарууф1эу. «Дауи ди анэр нэхъ къарущ.

Уэй нэхъ ин дыдэу къыщиуам дежи л1ыгъэ и1эмэ, ар ди анэм

преуэфи», жи1ат абы игук1э.

ЕПлан -конспект Псы къиуа Елгъэр Кашифгъ. Ар игу къэзыгъэк1ыжар сыт?

Едж. Ар игу къигъэк1ыжу Шариф и 1эгум илът шыгъу т1эк1ур. Гъэщ1эгъуэнракъэ, апхуэдизу уэшхым ц1ык1ухэр щиуфэнщ1ым, шыгъур зэрыгъущэу къэнат. Шариф и анэр къызэригъэжам щхьэк1э шыгъум хузэгуэпри псым хидзащ. «Хуэфащэщ, нанэ къигъэжэн

иджыри», жи1ащ Салими.

ЕПлан -конспект Псы къиуа Елгъэр Кашифгъ. Щ1алэ ц1ык1уит1ыр жэщым къэушу я анэр щалъагъум дауэ къащыхъуа?

Едж. Шариф жэщым къыщызэщыуам япэ щ1ык1э и ф1эщ хъуакъым илъагъур. Анэм и нэпсри къежэхырт, и сабийхэр зрикъузыл1эрт. Зэкъуэшит1ым дежк1э мы дунейм теттэкъым анэм нэхърэ нэхъ 1эф1и нэхъ къаруи. Псы къиуа шынагъуэм ик1ри анэр к1уат и бынит1ым я деж.



Сабийхэм теплъэгъуэ ц1ык1у къагъэлъагъуэ.



Егъ. Анэм теухуа мы псалъэжьхэр стрелкэк1э зэпыфщ1эт. (Слайд)

Адэр дэм хуэдэщи, пхъум и джанэщ.

Анэр нэщи, адэ къуэш адэ палъэщ

Анэ шыпхъу анэ палъэщи, уи анэрэ уи нит1рэщ

И анэ еплъи, ипхъу къашэ

Къомыщыжынур , анэр нэм хуэдэщ

Уи адэ-анэм яхуэпщ1 пщ1эр адэр дэщ

Анэм и хабзэр быным къыпхуащ1эжынщ.

Егъ. Мы сурэтым щыфлъагъур сыт хуэдэ удз? (Доскам к1эрыгъэпщ1ауэ

к1эрылъщ, ромашкэ сурэт. Абы и къапщ1ийхэм тетхахэщ псалъэхэр)

Едж. Шынэ-шынэщ. Урысыбзэк1э абы ромашкэщ зэреджэр.

Егъ. Мы удзым и къапщ1ий къэс псалъэ тетхэм гу лъыфтэт.

Едж. Абы тетхащ мылъку, лэжьап1эф1, къулыкъу, ныбжьэгъу, къуэш , ику

итым тетщ анэ лъагъуныгъэ.

Егъ. Фи нэгу къыщ1эвгъыхьэт мы удзыр жьыбгъэшхуэм е псыдзэм

ирихьэжьауэ, гущ1эгъуншэу ифыщ1у. (Еджак1уэхэр къыдэк1ыурэ

зырызурэ къыпач къапщ1ийхэр). Къэнар сыт?

Едж. Къэнар псыми жьыми зыри зыхуемыщ1а анэ лъагъуныгъэрщ. Мылъкур былымщ, былымыр уэсэпсщ, дыгъэ зэрытепсэу к1уэдыжынущ. Ныбжьэгъуми укъимыгъэпэжу пф1эк1уэдыжынущ, лэжьап1эф1ри къулыкъури нобэ уи1эмэ, пщэдей уимы1эжынк1э мэхъу. Ярейм хуэк1уэмэ, къуэшри къоижынк1э хъунущ. Къомыижыну щы1эр уи анэрэ уи нит1рэщ.

Егъ. Пэжщ. Мы дунейм утетыхук1э анэм хуэдэу укъэзыгъэпэжыфын ц1ыху тету къыщ1эк1ынкъым. Си гуапэ хъунт ар зэй фщымыгъупщэу фигу илъмэ.

Егъ. Сыт хуэдэ нэщэнэ, псалъэжь къыхэщрэ мы тхыгъэм?

Едж. «Ук1элъыджэмэ ф1ыкъым жа1э» , «Къежьэгъуаф1э

к1уэдыжыгъуаф1эщ».

Егъ. Нэгъуэщ1 иджыри сытым гу лъыфта?

Едж. Рассказым хэтщ тхыгъэм и бзэр къулей зыщ1 псалъэхэр, апхуэдэхэщ

зэгъэпщэныгъэхэр, метафорэхэр, эпитетхэр, олицетворенэхэр. (Махуэр

к1элъэфт, щынэ 1эрып1у, жей 1эф1,псыр емышыжщ, нэщхъыф1эщ,

Щхьэлыкъуэшхуэ и хъущ1э макъыр, н.) Абы нэмыщ1к1э мы тхыгъэм

куэду хэтщ фразеологическэ оборотхэр.( бзаджэ тестхъуэрт, жьэрэ 1эрэ

зэхуимыхьу,н)

Егъ. Иджыри зэ феплъыж мы псы къиуами тхыгъэр квантовать схуэфщ1ыт?

Едж . (зы еджак1уэ рассказым ик1эм къоджэ) Анэ лъагъуныгъэрт псы къиуам и къарум тек1уэу ар изыхар. Псы къиуа 1эджэм нэхърэ нэхъ лъэщщ а анэ лъагъуныгъэр.

Егъ. Анэм теухуа словарнэ аукцион едгъэк1уэк1ынщ.

Еджак1уэхэм жэуап къат.

Егъ. К1эух псалъэу сынывэупщ1ыну сыхуейт, сыт нобэрей урокым къыхэфха?

Еджак1уэхэм жэуап къат.

Егъ.: Хъарзынэщ, ф1ы дыдэу фылэжьащ. И к1эм жыс1эну сызыхуейращ. Мы

дунейм анэм дежк1э быным нэхърэ нэхъ лъап1э щы1экъым. Урокым щыщ1эддзэм жыт1ащ гъащ1эр псы къиуам ещхьщ, жыт1эри. Гъащ1эм и толъкъунхэм гъащ1эм и архъуанэм фыщрихьам и деж псом япэ зи 1эр ныфхуэзышиинур анэращ. Фэри апхуэдэ дыдэу фахущытын хуейщ фи анэхэм. Дэнэк1э фымыгъазэми, дэнэ щ1ып1э фыщымы1ами, уеблэмэ иджыпсту мы школым фыздэщы1эм фи анэхэм ягури я псэри фи гъусэщ нэрмылъагъуу, апхуэдабзэу фи анэхэр фщ1ыгъунущ, абыхэм я дежк1э сыт щыгъуи сабийуэ фыщытынущ. Си гуапэ хъунущ нобэрей урокым иужьк1э фи анэхэм нэхъри нэхъыф1ыжу фахущытмэ, нэхъ гумащ1э фахуэхъумэ. К1эщ1-к1эщ1урэ жеф1э: «Мамэ сыту удахащэ», «Мамэ ,зыгуэр къоузрэ?»; А фи псалъэ гуапэхэм анэ псоми я пкъыр нэхъ жан ещ1, гукъыдэж къарет.

Оценкэ гъэувын

Унэ лэжь. етын.

Анэм теухуауэ сочиненэ тхын.



 
 
X

Чтобы скачать данный файл, порекомендуйте его своим друзьям в любой соц. сети.

После этого кнопка ЗАГРУЗКИ станет активной!

Кнопки рекомендации:

загрузить материал