- Презентации
- Презентация по кабардинскому языку на тему Фонетика 5 класс
Презентация по кабардинскому языку на тему Фонетика 5 класс
Автор публикации: Ширукова З.М.
Дата публикации: 21.05.2016
Краткое описание:
1
с.п. Аргудан МКОУ СОШ №3. Шырыкъу Заремэ Мусэрбий и пхъум и презентацэ..
2
Зыплъыхьак1уэ урок Фонетикэм теухуауэ яджар къэпщытэжын
0
Благодаря этой рекламе сайт может продолжать свое существование, спасибо за просмотр.
3
Урокым и мурадхэр Мурадхэр : предметым ехьэл1ауэ ящ1эпхъэр ( образовательные) фонетикэм теухуауэ яджар къэпщытэжын, ди бзэ дахэм и макъхэм я къарур еджак1уэ- хэм захегъэщ1эн, я бзэм и къулеягъым нэхъри зегъэужьын, пэжырытхэмк1э я1э есэныгъэхэм хэгъэхъуэн. Хуэзыгъасэ (развивающие): я гупсысэр къа1уэтэфу егъэсэн, щ1эрыщ1э къызэращ1ар къагъэсэбэпыфу егъэсэн, жьэры1уатэу бзэм зегъэужьынымк1э яхэлъыпхъэ щытык1эхэр, я творческэ зэф1эк1ыр егъэф1эк1уэн. Гъэсэныгъэм ехьэл1ауэ (воспитательные): бзэр ф1ыуэ егъэлъагъун, я гупсысэр къа1уэтэфу, щ1эрыщ1э къызэрыпщ1эну 1эмалхэр къэхутэн, псалъэм пщ1э хуащ1ыфу егъэсэн, гуп-гупк1эрэ лэжьэфу егъэсэн. Ди1эну ехъул1эныгъэхэр: урокым и темэр ягъэвыфу мурадхэр къахутэфын. Лэжьыгъэр зэпкърахыфын Т1ууэ е зэгъусэу лэжьэфын Я лэжьыгъэр къахутэфын
4
Эпиграфыр Зи бзэр зымыдэу зы лъэпкъ щымы1э, Зи хэку епц1ыжу зы лъэпкъ щымы1э, Зи бзэр зыхъумэр мис ар лъэпкъ къабзэщ, Бзэм пщ1э хуэщ1ыныр лъэпкъхэм я хабзэщ. Аф1эунэ Лиуан.
5
Егъэджак1уэм еджак1уэхэр нэжэгужэ зыщ1ын псалъэмакъ ирегъэк1уэк1. Егъэдж: Фи махуэ ф1ыуэ ц1ык1ухэ! Дэтхэнэ зыри нышэдибэ дыкъебэкъуащ еджап1эм и бжэщхьэ1ум. Языныкъуэхэм я нэгум гуф1эр къощ, адрейхэр нэщхъейщ. Нобэ мы гъатхэ махуэ дахэм хуэдэу ди урокыр дахэу, дызэхуэгуф1эу, дызэдэ1уэжу едгъэк1уэк1ынщ,- псори фызэплъи фызэхуэгуф1э. Егъэдж: Сыт ц1ыхум нэхъ лъап1э дыдэу дунейм щи1эр? (анэр, хэкур, бзэр) -Дауэ абыхэм дазэрыхущытын хуейр? Егъэдж. – Анэ, Хэку, бзэ… Зэпыщ1ащ мы псалъэхэр, зэк1эщ1эпч мыхъуну. Дэ т1урылъ бзэр къыт1урызылъхьар анэрщ. Аращ анэдэлъхубзэк1э дыщ1еджэри. Сыт хуэдэ-т1э, ди бзэр? Ди бзэм и макъхэр апхуэдизк1э телъыджэщ,зэмыфэгъущи, жьыбгъэр зэрыфийр,пщ1ащэхэр зэрыщхъыщхъыр, псы уэрым и даущыр, щ1ыр зэрыбауэр, псым хэлъ мывэджейхэр зэрызэнт1э1ур, гур къызэреуэр, бзур зэрыбзэрабзэр зыхыбощ1э, абы ирипсалъэу щызэхэпхк1э. Ар щыхьэт зытехъуэр зыщ: адыгэбзэр хуэщ1ащ дунейм и къэхъугъэ псори кърип1уэтэным. - Ат1э,зэрыжыс1ащи, ди бзэ дахэм и жьгъырууагъыр, шэрыуагъыр дэ псом нэхърэ нэхъ щызэхэтщ1эну къысщыхъур абыхэм я псэуп1эр аращ. Дэнэу п1эрэ-т1э, абыхэм я хэщ1ап1эр? Пэж дыдэщ, «Фонетикэ» къэралыгъуэрщ. - Къэралыгъуэм дык1уэн ипэ къихуэу дэ зэдгъэпэщын хуейщ абы дихьэну хуитыныгъэ къыдэзыт тхылъымп1э.
6
Япэу дыкъыщыувы1энщ макъзешэхэм я деж. Макъзешэхэм я республикэ ц1ык1ур ауэ занщ1эу тхузэпыупщ1ынукъым. Абы щхьэк1э лэжьыгъэ зыбжанэ дгъэзэщ1эн хуейщ. 1. 1 гуп – псалъэхэр транскрипцэ щ1ын, макъзешэхэр щ1этхъэн. 2. гуп – едзыгъуэм къегъэджэн, зэпкърыхын. 3. гуп – макъит1 къэзыгъэлъагъуэ хьэрф зыхэт псалъэхэр къыхэтхык1ын, фонетикэк1э зэпкърыхын. Ф1ок1уэдыр и пщ1эр уи пщ1эр зыгъэк1уэдым, Къыпхужызы1эм: «Бзэ лъэрымыхь ц1ык1ущ…» Уэ къыпхуэпэж уи бын гуащ1аф1э куэдым Я тхыгъэхэр ипхьащ дуней утыку. Къагъырмэс Б.
7
Зыкъэпщытэж 2.Адэк1э ди лэжьыгъэм делэжьынщ. Псалъэхэм макъзешэ дэгъэхуахэр дэтхэжын. Гъун..гъуф1, гъу..губгъу, къ..змакъей, агр..ном, с..нтх, кус.., ст..тья, с..бий, ..лэрыбгъу, къ..ндырдзэл, 1..хьлы, м..даль, к1..п1ынэ, ..дакъэ, 1ущхь..
8
Лэжь: бзууц1эхэр къыхэгъэщын, иджыри яц1ыху бзухэм тегъэпсэлъыхьын, урысыбзэк1э зэдзэк1ын. Къашыргъэ -коршун Жыгыу1у – дятел Къру – журавль Къыу – лебедь Хьэрхьуп – удод Дудакъ – дрофа Жэнэтбзу – щегол Бзудэгу – глухарь Бзуупц1э – дрозд Мэзадакъэ – фазан Сыт хуэдэ псалъэхэра Ы-р макъзэпэщ1эхыу къыщык1уэр? Едж: жыгыу1у, къыу. Егъэдж: Ц1ык1ухэ, иджыри сыт макъзэпэщ1эхыу ди1эр? Едж: макъзэпэщ1эхыу ъ – знакырди1эщ. Егъэдж: Ц1ык1ухэ, къэфщ1эжыт урысыбзэм сыт макъзэпэщ1эхыу къыщык1уэр? Едж: Урысыбзэм макъзэпэщ1эхыу къыщык1уэр Ъ, Ь- знакымрэщ. Егъэдж: Пэж дыдэщ жэуап тэмэм къептащ. Егъэдж: Ц1ык1ухэ, къэфщ1эжыт сыт хуэдэ тхыгъэт дызэджар зи гугъу тщ1а бзууц1эхэм щыщ хэту? Едж: Ар Уэхъутэ Абдулыхь и тхыгъэ «Дудакъ» жыхуи1эращ.
9
Я лэжьыпхъэхэр. 4. Псалъэхэм псалъэуха къыхэщ1ык1ын. 1.Ди класс, щеджэ, еджак1уэхэ, урысыбзэ, блын, газет, къыдэгъэк1ын. Сентябрь, мазэ, еджак1уэ, еджэн, щ1эдзэжын. Трактор, щ1ы, вэн. 2.Нэхъыжьыр, лъап1э хъунщ, гъэлъап1и, уи щхьэр. Псэр, къащэху, напэ ящэри. Зи нэхъыжь, илъытэжкъым, и щхьэри зымылъытэм Ди классым щеджэ еджак1уэхэм урысыбзэмк1э блын газет къыдагъэк1ащ. Сентябрь мазэм еджак1уэхэм еджэн щ1адзэжынущ. Тракторым щ1ыр евэ. Нэхъыжьыр гъэлъап1и, уи щхьэр лъап1э хъунщ. Псэр ящэри напэр къащэху. Зи нэхъыжь зымылъытэм, и щхьэри илъытэжкъым.
10
IуэрыIуатэм теухуауэ яджар къэпщытэжын Мы псалъэухахэр сыт зищ1ысыр? Сыт хуэдэ жанрхэр иджыри къызэщ1иубыдэрэ 1уэры1уатэм? Мыхэр псалъэжьхэщ. 1уэры1уатэм хохьэ: къуажэхьхэр, псалъэжьхэр, псынщ1эрыпсалъэхэр, нэщэнэхэр, уэрэдыжьхэр, псысэхэр, шыпсэхэр, таурыхъхэр. Ат1э, ц1ык1ухэ, къуажэхьхэм теухуауэ фи1э щ1эныгъэр къэтхутэнщ. Хьэрфзешэхэр къуажэхьхэм хэгъэувэжын. Къуажэхьхэм я жэуапхэри къэщ1эн. Щ…б…р…к1у… м…з к1у…р…й _____________________ В…гъ…р хужьщ, ж.. л…р ф1…ц1…щ _____________________
11
ЦIык1ухэ, макъитI къызэрыкI хьэрфзешэхэр урысыбзэми адыгэбзэми щызэтехуэрэ? МакъитI къызэрыкI хьэрфхэр бзитIми щызэтохуэ. Адэк1э дохьэ макъ дэк1уашэхэм я щIыналъэм. 6. Дыкъевгъаджэт мы усэ цIыкIум. Макъ дэкIуашэ зэбгъэдэтхэр щIэтхъэн. Сыт хуэдэ ахэр? Апхуэдэу къэкIуэныр къызыхэкIар сыт? ПкIауэ, пкIауэ, пкIауэ! Губгъуэм ихьэжащ ПкIауэ мыгъуэ цIыкIу! Сэ си деж укъакIуэмэ, Уи адэмрэ уи анэмрэ IэфIу узгъэшхэнт, Истамбыл кIуэжащ, Гуащэм и къауцым Зы шы закъуэ уиIэти Ущызгъэжеинт! Сэ си деж укъакIуэмэ, Мы усэ ц1ык1ум сыту п1эрэ дигу къигъэк1ыжар? Мы усэ ц1ык1ум дигу къигъэк1ыжащ литературэмк1э дызэджа таурыхъ « Пк1ауэ и джэш дзык1э» жыхуи1эр 1гуп – 1упэр хъурей хъууэ къэтпсэлъ макъ дэк1уашэхэр щ1этхъэн. 2 гуп – макъ дэк1уашэ жьгъыжьгъхэр, (сонорнэхэр) щ1этхъэн. 3 гуп – макъ дэк1уашэ дэгухэр щ1этхъэн
12
Кроссвордыр щIыжын Ат1э, ц1ык1ухэ, къык1элъык1уэ лэжьыгъэр ар кроссвордыр щ1ыжынырщ. Къехыу: 1. 1упэхэр, дзэхэр хьэуам пэрыуэгъу яхуэхъуу жьэм къыжьэдэк1 макъхэр. 2. Макъ п1ыт1ахэр къыщыхъу щ1ып1э.4. Адыгэбзэм и хьэрф псори къызэщ1эзыубыдэ. Ек1уэк1ыу: 3. Хьэуам пэрыуэгъу хуэмыхъуу жьэм къыжьэдэк1 макъхэр. 5. Псалъэм къыщык1уэ пычыгъуэхэм зыр нэхъ хэкъузауэ къэпсэлъыныгъэ Жэуапхэр: 1. дэк1уашэ, 2. тэмакъыщ1э, 3. макъзешэ, 4. алфавит, 5. ударенэ
13
Зыкъэпщытэж: Макъхэр макъ дэк1уашэ п1ыт1ак1э зэфхъуэк1ыурэ я мыхьэнэм зевгъэхъуэж. Хэч-…, пщащэ-…, нэку-…, кхъуак1э-…, фыгъуэ-…, зэгуэчып1э-…, тын-… ХэкI, пщIащэ, нэкIу, къуакIэ, фIыгъуэ, зэгуэкIыпIэ, тIын.
14
Зыкъэпщытэж Тест упщ1эхэр. 1) Макъхэр: а)къыдопсэлъыр, зэхыдохыр, б) долъагъур, дотхыр. 2) Макъзешэхэм къыщытпсэлък1э пэроуэ: а) 1упэр, б) бзэгур, в) зыри пэрыуэркъым. 3) Макъ дэк1уашэ п1ыт1ахэщ: а) гъу, хъу, ку, кхъу, ху, 1у.б) п1, къ, т1, ф1, щ1, къу. в) лъ, кхъ, дж, жь, дз, хъ. 4) Сонорнэ макъхэщ: а) м, н, р, й, у. б) б, в, г, д, ж. в) к, х, т, ш, с. 5) Пычыгъуэр елъытащ: а) псалъэм макъзешэу хэтым, б) псалъэм макъ дэк1уашэу хэтым, в) псалъэм макъзешэу, макъ дэк1уашэу хэтым. 6) Макъзэпэщ1эхыу къок1уэр: а) хьэрф ы, ъ-хэр, б) хьэрф ы, ь –хэр, в)хьэрф ъ, ь-хэр.
15
7)Адыгэбзэ алфавитыр мэхъу: 58-рэ, 59-рэ, 60. 8) Макъхэмрэ хьэрфхэмрэ къэзыпщытэ зэпкърыхыныгъэм йоджэ: А) Фонетическэ зэпкърыхыныгъэ, б) морфемнэ зэпкърыхыныгъэ, в) Синтаксическэ зэпкърыхыныгъэ.
16
Рефлексия 1.Урокыр фигу ирихьа? 2.Урокым дэ къэтщ1ащ….. 3.Сэ къызгуры1уащ….. 4.Шэч къыщытесхьащ…. 5.Сыарэзыщ….
17
Фыпсэу, ц1ык1ухэ. Нобэрей къежьэныгъэм арэзы дыкъищ1ауэ ди къежьап1эм догъэзэж. Гъуэгуанэф1и зэпытчащ, лэжьыгъэф1и дгъэзэщ1ащ. Псоми берычэт бесын вжызо1э. (Оценкэхэр яхуэгъэувын) Унэ лэжь.: 1,2 гупхэм псалъэ щырыщ фонетикэк1э зэпкърыхын, 3 гупым псалъэухаит1 литературэм къыхэфтхык1ын макъ дэк1уашэхэр зы екъуак1э, м.з. екъуаит1к1э щ1эфтхъэн