7


  • Учителю
  • Урок-конспект 'Жизнь и творчество Б. Утижева'

Урок-конспект 'Жизнь и творчество Б. Утижева'

Автор публикации:
Дата публикации:
Краткое описание:
предварительный просмотр материала

Пэжыр зи гъуазэ!


1ут1ыж Борис усак1уэщ, тхак1уэщ, драматургщ.

Нобэрей ди урокыр зытеухуар классщ1ыб еджэныгъэщ ик1и дэ дызытепсэлъыхьынур ди адыгэ тхак1уэ щэджащэ 1ут1ыж Борис и творчествэрщ. Борис уэсяту адыгэхэм къытхуигъэнащ:

-Щыфхъумэ фи унагъуэхэм адыгэбзэр! Дызэвгъэпсалъэ адыгэхэр адыгэбзэк1э!

И зэманыгъуэри и щ1алэгъуэри зэман гугъум хиубыдащ Борис, ауэ ар зэик1 къэдзыхакъым. Ц1ыхугъэм, напэм, лъэпкъым «лъэпкъ» жезыгъы1э бзэм, хабзэм япэ зыри иригъэщакъым дунейм тетыху. Псэуащ и акъылри, и зэф1эк1ри, и зэманри къызыхэк1а лъэпкъым хуигъэлажьэу. Ик1и ди щ1эблэм хуэлэжьэнущ Борис дунейм къытрина и тхыгъэ хьэлэмэтхэр.


Зыгуэрк1э зэчий зыбгъэдэлъ ц1ыхур сыт и лъэныкъуэк1и зэчииф1эщ. Ар нэрылъагъу тщохъу 1ут1ыж Борис и деж. Ар тхак1уэ гъуэзэджэу зэрыщытам къищынэмыщ1ауэ, сурэтыщ1 1эзэт. И сурэтхэм къытри1ущ1ык1ыжурэ лэжьыгъэ «чеканкэ» жыхуэт1эхэм хуэдэхэр ищ1ащ. Зыхуей дыдэ хьэпшыпыр пхъэм къыхищ1ык1ыфырт. И къуэрылъху ц1ык1ум пхъэм къыхищ1ык1ри гущэ хуищ1ауэ щытащ.

Борис дунейм ехыжащ 2008 гъэм, ауэ абы къытхуигъэнащ щапхъэ къызытетх хъун псалъэ 1ущхэмрэ псалъэ шэрыуэхэмрэ.

Ик1и дэ гупищу зыдгуэшауэ къэдгъэлъэгъуэну ди мурадщ Борис пэжыр и гъуазэу дунейм зэрытетар и тхыгъэхэм къызэрыхэщыр къэдгъэлъэгъуэну. Усак1уэхэм-усэхэм къызэрыхэщыр, тхак1уэ гупым- прозэм къызэрыхэщыр, драматург гупым- драматургием къызэрыхэщыр.

Аращи, япэу псалъэ идот усак1уэ гупым.


1ут1ыж Борис усак1уэщ.

  1. Дэнэ ук1уэрэ адыгэ хабзэ? «Адыгэ хабзэр адэ щ1эинщ», жи1эгъащ пасэрейм, ноби а псалъэжьым и мыхьэнэр к1уэдакъым, адыгэ лъэпкъыр щы1эхук1и к1уэдыну къыщ1эк1ынукъым. 1ут1ыж Борис хабзэшхуэ, ц1ыхугъэ лъагэ зыхэлъ ц1ыху пэжу щытащ. Лъэпкъыр зэрызэгуры1уэ, зэрызэхущыт 1эмалхэр къэзыгъэлъагъуэ хабзэм япэ зыри иригъэщыртэкъым Борис. Ахэр нэмыс, щэн, къалэн (ар адэ-анэ къалэнуи щрет, ар бын къалэнуи щрет, ар Хэку къалэнуи щрет) напэ, ук1ытэ жыхуэт1эри абы

къепхыжарэ ахэр зыхъумэ гуэрхэу нобэ «законк1э»дызэджэжхэри.


  1. Дапхуэдиз псалъэ дахэ хужамы1ами, тхак1уэр и хьэл-щэнк1э, и дуней тетык1эк1э зыхуэдэу щытар и тхыгъэхэм, гъащ1эм къыхина лъэужьхэм нэхъ нэхъыф1у зыми къыбжи1эфынукъым, ик1и мык1уэдыжын лъэужьщ Борис къигъэна лъэужьыр.


3. Иджыпсту адыгэ хабзэм зэхъуэк1ыныгъэшхуэ игъуэтащ, сыту жып1эмэ гъащ1эщ1эм абы щхьэщихащ къалэн куэд. Адрейуэ Нобэрей ц1ыхум 1эщ1ыб ищ1ащ и гъащ1эр зык1и зымыгъэдахэу «хабзэ мыхъумыщ1эк1э» дызэджа зыкъоми. «Ди хабзэф1хэм фэ 1ей къытезыгъауэ куэд щы1эщ, -жи1эгъащ Борис,- ик1и иджыпсту дэ тлъагъухэм, ди нэгу щ1эк1хэм уегупсыса нэужь, гухэщ1у ук1ий хъунущ: «Дэнэ ук1уэрэ, адыгэ хабзэ?!» Ук1ий хъунущ, «къэбублэ хабзэщ» жыхуа1эм тету псэу куэдым ар зэблашри, ягъэпудри, «хэлъхьэныгъэ» мыфэмыцхэр к1эрашыт1эри, зехьэгъуей ящ1ри. Ауэ Борис апхуэдэу к1ийхэм ящыщтэкъым, ар ц1ыху щабэт, гъащ1эм щилъагъу мыхъумыщ1эхэр, и гум щыщ1э псори метафорэ ек1ухэр къыщигъэсэбэпа и усэ купщ1аф1эхэмк1э къигъэлъэгъуащ.


4. И бзэр уэзджынэрэ и псэр уэздыгъэу, ц1ыхухэм яхуэлэжьащ, пэжыр яригъэщ1эным, мыхъумыщ1агъэр яригъэлъагъужыным, ныкъусаныгъэхэр къыщ1игъэщыным хущ1экъуу.

Псэуащ и акъылри, и зэф1эк1ри къызыхэк1а лъэпкъым хуигъэлажьэу. Ди щ1эблэм хуэлэжьэнущ абы дунейм къытрина и тхыгъэ хъугъуэф1ыгъуэхэр.


-Къэдвгъэщ1эжыт сонетк1э зэджэр.

Сонетхэр.

4. Жа1эр пэжмэ, зэгуэр къутэжынущ

Мыпхуэдизыр щагъэхъа дунейр.

Зэи щымы1ам яхыхьэжынущ

А нэхъ тф1этелъыджэу тф1эдомбейр.


Ярэби, нт1э, а къутэжыгъуэр

Къэсыпауэ п1эрэ, ахъумэ сыт

Дыщэм пащ1рэ гущ1эм щагъэт1ыгъуэу

Зэрахьахэм щ1амы1эжыр лыд?


Ц1ыхур зыгъэинрэ зыгъэдахэу

Щытагъахэм дащодыхьэшхыж.

«Напэ нэхърэ-к1апэ!» -жызы1ахэм

Нэхъ 1ущ щымы1ауэ къыщ1ок1ыж…


Гъуджэ 1ушэ иплъэу есэжа дунейм

Ф1ыхэр щопудри, пудхэр щыдоуей.

5. Дуней -бэмп1эгъуэк1э гъэнщ1ауэ

Къэуэным пэплъэ хулъэ инщ.

Гугъап1э псори -къытф1эщ1ауэ

Къыщ1эк1ыжа адэжь щ1эинщ…


Дахагъэм щ1ыгур къихъумэным

Ущыгугъыныр щхьэгъэпц1эжщ…

Зэгуэр номиным дыхуэк1уэну

Жи1амэ Дарвин,- ар нэхъ пэжт.


А пэжыр мис-т1э: ц1ыхур щ1ылъэм

И тепщэу Тхьэшхуэм къигъэщ1ат

Арщхьэк1э homo-хьэщхьэвылъэ

Лъэпкъыгъуэм яуфэбгъу: "Vivat!..»


Дуней къутэжыр Тхьэшхуэм и псэлъэгъущ:

«Дыпоплъэ, дыщогугъыр Уи гущ1эгъу!»


6.Ухуеймэ гъащ1эр тыншу епхьэк1ыну,

Абы уримыхъук1 уэ гупсысэх:

Псалъэжьым тету - а псы узыхьынум,

Упэщ1эмыту, зыдрегъэхьэх.


Зыхуэщ1 те1ущ1ык1ып1э уи нэхъыщхьэм.

Узинэхъыщхьэр лъабжьэм щ1эгъэтыф.

Якъутэу плъагъук1э ц1ыху хей гуэр и гущхьэ,-

Зыкъутэр зылъэк1 гуэрмэ-блэплъык1ыф.


Ц1ыхубэм къащхьэщыжхэм уадежажьэу

Зумыщ1 нэщанэуап1э, дыхьэшхэн.

Ц1ыхубэм и ц1ыхугъэр хуабжьу жьажьэщ,-

Ул1а нэужьк1и къыплъэщ1эмыхьэнщ…


Апхуэдэу утетыфмэ мы дунейм,

Утек1ыжынщ… ухъуауэ 1эщ домбей.


7.Гугъэ жыг.

Насып джабэплъ инхэм дащ1эхъуэпсу,

Псори а жыг иным дыдопщей.

Дызылъэ1эс жьгъейхэр зэдмыпэсу,

И щхьэк1э къэракъэм дыдоплъей.


Дыдэплъейрэ-дыдэпщейуэ гъащ1эр

Дохь дэгъэзеигъуэуи…гупыж

Зыхуэтщ1ауэ а дызыхуэп1ащ1эр

Къытф1эщ1а къудейуэ къыщ1ок1ыж.


Дыкъоплъых ит1ани, дыздехыжым,

А зэдмыпэсахэм долъыхъуэж.

Къыщылъыхъуи пэт зыпымытыжым:

Ды1эгу нэщ1-1эщ1 джафэщи, дяпэж


«Ухэныпэ нэхърэ,-лъэхъумбыщ1э»

Жызы1а ц1ыху 1ущыр дигу къок1ыж…

Къытхуэнэжа мащ1эр тщ1ыуэ ф1ыщ1э,

Уахуи-фахуи, мис, къыдощыпыж.


8.Гъащ1эр зэрык1эщ1ым теухуауэ

Мы дунейм куэд дыдэ щыжа1ащ.

Нэхъ гупсысэ куухэри а гуауэ

Псоми ди зэхуэдэм къигъэщ1ащ.


Дапщэщ?...Дауэ?... А псалъэ шынагъуэ

Гумм ит1ыхьхэр дэ къыздыдохьэк1.

Иж зэпыту уэгум ит ди вагъуэр

Къыздимыгъэзэнум къыхуоплъэк1.


Я насыпти, ц1ыхум а я гуауэ

Гъэт1ылъыгъэр ямылъагъу защ1ыф.

Къакъэ-пщ1ыпщ1у къыпщагъэхъур…Ауэ

Зыми зыри зэримыхъуэк1ыф…


Фэрыщ1агъэ дахэр пыгуф1ык1ым

Къыпхрогу1ык1ыр дигу къигъык1хэр.


Прозэу тха усэхэр.


1ут1ыж Борис лэжьыгъэ 1энат1ээ зыбжанэ зэрихъуэк1ащ.

Сыт хуэдэ 1энат1э 1умытами, ар зэрыригъэф1эк1уэным, щ1э гуэр зэрыхилъхьэным щ1экъуащ, псэ къабзэ-гу къабзэк1э лъэпкъым хуэлажьэу, абы и набдзэу дунейм тетащ.

Гуапагъэк1э, гу къабзагъэк1э, нэмыск1э, хабзэк1э, лъэпкъым, бзэм, гъуазджэм хуи1э лъагъуныгъэк1э гъэнщ1ауэ щытащ Борис и гъащ1эр.

Адыгэ хабзэр адэжь щ1эинщ. Адэжь щ1эинхэр зымыхъумэм, зымыгъэдахэм нэмыплъ хуэфащэщ. Пц1ы щхьэ упсын хуей, дэ ди адэжьхэм къащ1энакъым лъэпкъ гуэрхэр зэрыгушхуэ литературэ ин, архитектурэ гъэщ1эгъуэн, искусствэ и лъэныкъуэк1э хъугъуэф1ыгъуэ мык1уэщ1.-итхауэ щытащ 1ут1ыж Борис 1983 гъэм «Ленин гъуэгу» газетым-Дэ хъугъуэф1ыгъуэ нэхъ ин дыдэу абыхэм къытхуагъэнахэм ящыщщ пэжыгъэмрэ ц1ыхугъэк1э гъэпса хабзэхэр. Ахэр тхуэмыхъумэмэ, тхуемыгъэф1ак1уэмэ, ди нобэм хуэдмыгъэлэжьэфмэ, абы къик1ыр дэ ди адэжьхэм дахуэмыфащэу аращ.


Прозэу тха тхыгъэ хьэлэмэт куэд и 1эдакъэ къыщ1эк1ащ 1ут1ыж Борис. Абыхэм ящыщщ «Насыпыр щагуэшыр пщэдджыжьырщ», «Гухэлъ жыг», «Мэрак1уэщыпэ», нэгъуэщ1 куэди. Зы псалъи зы сатыри итхакъым тхак1уэм гупсысэ куу, мыхьэнэ ин имы1эу. Ауэ дэ ди гупым нэхъ тф1эгъэщ1эгъуэну, нэхъ ди щ1эщыгъуэу къэтщтащ Борис и прозэу тха усэхэр, и гъащ1э еплъык1эхэр къыщи1уэта усэхэр.


Хэт ар?

Сабий къалъхуагъащ1эр, и нэхэр къызэтрихри, дунейм япэ дыдэу къытеплъащ. Абы иджыпстук1э зыри ищ1эркъым. Зыри иц1ыхуркъым. Къытетк1уакъым уэшх тк1уэпси. Къытепсакъым дыгъэ нури. Зыхищ1акъым зы гуф1эгъуи. Тепсыхакъым гузэвэгъуи. Ар зэк1э зыми хуэхъуакъым зэран. Хунэсакъым зыми и сэбэп иригъэк1ынуи!

-Хэт хъуну а ц1ыхур, Гъащ1э?

-Сц1ыхуркъым, си щ1алэ…

Хэт ар?

Ц1ыхур илъэсищэ нэск1э псэури, дунейм ехыжащ. Ар зыхуэл1эрэ зыхуэныкъуэрэ щымы1эу псэуащ. Зыгуэрым щ1елъэ1ун щхьэусыгъуэ зэи и1акъым. Къелъэ1уа1ауэ къыщ1елъэ1уар зыхуищ1а гуэри щы1экъым. Зэгуэуауэ зы ц1ыхуи дунейм къыпхутешынукъым. Гуапагъэ зыхуищ1аи къыпхуэгъуэтынукъым. Абы и гъащ1эр зэрыщыту мы псалъищым йохуэ: къалъхуащ, псэуащ, л1эжащ.

- Хэт хъуну а ц1ыхур, Гъащ1э?

-Сц1ыхуркъым, си щ1алэ.


Дауэ?


Сыту ф1ыт апхуэдэу упсэуну! Сыту хъуэпсэгъуэт!... Зыгуэрым уемыфыгъуэу. Зыгуэрым уемыбийуэ. Зыгуэр бук1ыным е яук1ауэ плъагъуным ущ1эмыхъуэпсу… Ауэ дауэ? Дауэ?!

Дауэ?!! Къызэригъэщ1 лъандэрэ ц1ыхур апхуэдэу зоупщ1ыж. Абы хуоджэ. Дыгъэр и уэздыгъэу. Дунейр и тхылъу. Тхьэр и егъэджак1уэу… Ауэ к1уэ пэтми ц1ыхухэр мэхъу нэхъ зэхъуэ-зэщэ. Хьэк1экхъуэк1эхэр нэхъ зэщэ-зэблэк1.


Гупыжхэр.

УПЩ1Э: « Ярэби, сыту дахагъэ, 1эф1ыгъэ, гуапагъэ куэдк1э дызэхуэупсэфыну къэдгъанэрэ дэ. Щхьэ дигухэр къыжьэдэткъуэ зэпыту дыпсэурэ? Щхьэ дыщыхуейм дызыхуейм демыдэхащ1эрэ? Щхьэ къытхуейр къыщытхуейм къыдэмыубзэрабзэрэ?..

Мор мобы сытым хуэдэу хуэгъэгуф1энут!.. Мор мобы сытым хуэдэу насыпыф1э хуэщ1ынут!.. Гуэныхькъэ-т1э апхуэдиз гупыжыр къыжьэдэпкъуэ зэпыту упсэуныр? Зыгъэнщ1 жыхуа1эм и 1эф1ыр къыбгурымы1уауэ, нап1эзып1эр зи пщалъэ мы гъащ1эр блэбгъэк1ыныр?...»

ЖЭУАП: «Гуэныхьт, гуэныхьышхуэт, гупыжхэр гуапагъэрэ 1эф1ыгъэ защ1эу зэхэлъу щытамэ. Ауэ гупыжхэм я нэхъыбап1эр щхъухьрэ псэхьк1э гъэнщ1ащ. Апхуэдэ гупыжхэм дэ дыхураджэ щэхуу е нахуэу зыгуэр дгъэпудыну. Ди ф1эщу е гушы1э мышыум къыхэк1ыу зыгуэрым и псэр бэлыхьым хэддзэну. 1эщэ бзаджэк1э е псалъэ гуауэк1э зыгуэр дук1ыну… Аращ мо упщ1эм и жэуапыр. Тхьэм дунейр игъэпсащ псори щызэпэшачэу щытын хуейуэ. Зэпэмышачэхэр зэжьэхэуэурэ щызэрымыкъутэжыным щхьэк1э, 1эмал хъарзыни къигъэщ1ыжащ: АКЪЫЛЫР»


Мызэщ1эн хъуэпсап1э.


Сыхуейт, хуабжьу сыхуейт, зэзакъуэ нэхъ мыхъуми мы дунейм, псоми ди зэхуэдэу Тхьэм къытхуигъэщ1а мы дуней дахэшхуэм, и 1эф1ыр нэсу зыхэсщ1эну: сыщ1эгузавэ, сыщ1эп1ейтей, сыщ1ызэгуэп лъэпкъ щымы1эу зы пщэдджыжь гуэрым сыкъэушыну. Сыхуейт щ1агъыбзэ лъэпкъ щ1эмылъу, мып1аск1уэу, гуапэрэ-гуапэу, щабэрэ-щабэу, си 1эр Тхьэм зэригъак1уэ ф1эк1а сымыщ1эу сытхэну, сытхэну, сытхэну…

Ауэ ар мы дунейм щымызэщ1эну хъуэпсап1эхэм ящыщу къыщ1эк1ынущ… нэгъуэщ1 дуней къытпэплъэр пэжу п1эрэ, ярэби? Къытпэплъэуи сощ1, - фи ф1эщ зэрыхъун, мы дунейр къытлъызымыгъэсахэм ящыщ гуэрхэр а дунейми тепщэ щыхъуагъэххэу къыщ1эк1ынук1э.


1ут1ыж Борис драматургщ.

Сыт ц1ыхур щ1эпсэур? Сыт дунейм дыщ1ытетыр? А упщ1эр зэзымытыжа ц1ыху щ1агъуэ щы1э къыщ1эк1ынкъым. Дунейм дытетщ дыпсэун щхьэк1э. Псэун щхьэк1э ц1ыхур мэлажьэ, машхэ, зехуапэ, псэуп1э нэхъыф1хэр зрегъэпэщ. Ат1э, дыщ1эпсэур дышхэнрэ зыдгъэтыншынрэ щхьэк1э? Япэ дыдэу дызыхуеинур дгъуэта нэужь, ди гур зыхуэхъуапсэр иджыри зыдгъэтыншыныра, хьэмэрэ дызэрыц1ыхур дэзыгъэщ1эжын гухэхъуэгъуэ гуэрхэра? А гухэхъуэгъуэр езыр гупсэ уэрэдкъэ, къафэкъэ, литературэм и прозэрэ усэрэкъэ?


Ди нэгу къыщ1эдвгъэгъэхьэт псоми гум къехуэбыл1э гуэри мы дунейм темытыжу, щымы1эжу зы усэ закъуи, къафи, макъамэ гуэри, хъуэхъу дахи, сурэти. Дуней псом шэжыпсыфэ къытеуэу езы ц1ыхури псэущхьэ къудейуэ къэмынэжыну п1эрэт?! Ц1ыху ц1ык1ур псэ зыпыт адрей псоми къащхьэщызыггъэк1ыр сыт, гъуазджэр армырамэ?

Борис и 1эдакъэ къыщ1эк1а пьесэ хьэлэмэт куэд щагъэуващ ди адыгэ театрым. Ц1ыхухэм гук1и псэк1и зыхащ1эрт абы и 1эдакъэщ1эк1хэр зытеухуар. Пьесэшхуэхэм нэмыщ1ауэ, комедие ц1ык1ухэри гъэщ1эгъуэну, дыхьэшхэну къэзыгъэщ1а драматургщ Борис. Зыгуэрым ебгъэщхьынумэ, ар адыгэ Мольерщ. (французский драматург)-жа1ащ Борис и ныбжьэгъухэм.

И псалъэм, и гушы1э дахэм уи гукъыдэжыр къи1этырт, уи гум зыкъригъэгъазэрт а гушы1эхэм, дапхуэдэу утрамыгъэуми, гъащ1эм узыхуэзэ пэж куэд зэрыхэлъым.

Апхуэдэ гушы1э дахэ куэд гъащ1эм къыхинащ Борис.


Сыт хуэдэ жанр емылэжьами, Борис нэхъ къызэрац1ыхур и пьесэ купщ1аф1эхэрт. Ахэр гупищу бгуэш хъунущ:

Трагедиехэр: «Тыргъэтауэ», «Дамэлей», «Мазэгъуэ», «Гъуабжэгъуэщ», н.

Драмэхэр: «Кушыкупщ», «Кхъужьеибэ», «Нартхэ я дыгъэ», «Гукъэк1ыжхэм я гъатхэ»,н.

Псоми ф1ыуэ тлъагъу комедиехэр: «Шамхьун и фызышэ», «Гуащэмыдэхьэблэ», «Хьэцацэ дахэ», «Гушы1э махуэ апщий!», «Дунейр театрщ», н.


«Уадыгэныр тыншкъым» жи1эгъащ ди усак1уэ гуэрым… Пэжщ, тыншкъым. Гугъуехь лъэпкъ зыпымыщ1ар зыбгъэадыгэнырщ. Мис абы хуэ1эзэхэр гъунэжу ди лъэпкъым къыщ1охъуэ. Дахэжы1э ф1ымыщ1эхэр. Хабзэншэ хабзэщ1экъухэр. Адыгагъэм нахуэу къыпхутепсэлъыхьрэ, ц1ыхугъэншагъэ щэхуу зылэжьхэр.


Гуауэракъэ,-абыхэм къахок1 мурад щэху я1эхэр къызэхъул1э куэди… Гъащ1э театрым и актер 1эзэхэщи, апхуэдэхэм загъэадыгэфыну къудейкъым, хуей хъумэ, ик1и загъээфиопыфынущ.

Гущ1агъщ1элъхэр.

Сыту укъабзэ уэ, ц1ыху! А уи къабзагъэр мыхъуамэ, и дзыхь къуигъэзу, уэ Тхьэр акъылк1э къыпхуэупсэнтэкъым.

Сыту уф1ей уэ, ц1ыху! А уи ф1еягъэр мыхъуамэ, Тхьэм къуита а тыгъэ лъап1эр уэ шейт1аным хуэбгъэлэжьэнтэкъым.

Щыри л1ащ. Соломони. Наполеони. Ди гъунэгъу л1ыжьри. Щыри нэк1и псэк1и къызэ1эбэк1ыурэ дунейм ехыжащ. Ауэ зыри трахыфакъым. Зыми. Зыри…

«Бамп1эм ихьащ» жа1эу щызэхэпхк1э, уогупсыс: «Дауэ, мыпхуэдиз инагъ зи1э дунейм бамп1эдэх гуэр щимыгъуэтауэ ара?..» Умыгъэщ1агъуэ. Дунейр к1ыф1 къыпщызыщ1 бамп1эр а дунейм нэхърэ нэхъ иныжщ.


Узэрыадыгэм щхьэк1э ахъшэ къуату щытамэ, сыту «хэкул1» куэд къыплъыкъуэк1ынут уэ, си лъэпкъ. Я псалъэк1э уардэрэ адрейхэмк1э надэу.


Губзыгъэхэр гъунэжщ. 1ущу псалъэхэр, ек1уу псэухэр. Ухэмыхьэмэ, узэримытхьэлэнур ф1ы дыдэу зыщ1эхэр… Мащ1эр, мащ1э дыдэр дахэу щыуэхэрщ.

Гушы1алъэ.

Адыгэбзэ- гуащэрэ нысэрэ иризэф1энэну ф1эк1а къамыгъэсэбэпыж хъуным хуэм-хуэмурэ хуэтшэ къэралыбзэщ.


Акъыл-щхьэм итын хуейуэ Тхьэм къигъэщ1а дефицит гуэрщ. Щагуэшым къыплъымысамэ, самэ псо ахъшэу щ1эптак1и къыпхуэщэхунукъым.


Къэб-зыкъому зэщхьэщидз хадэхэк1щ. Щхьэ къэбым нэхъ 1ей яхэткъым, нэхъ къэмысэбэпи щы1экъым. 1уэхушхуэракъэ, къэбым я нэхъыбэр а сортым щыщщ.


Гуащэ- «нысэ» псалъэм и антонимщ. Къик1ыр фымыщ1эмэ, иджыпсту щы1э нысэ ц1ык1ухэм феупщ1.


Гугъап1э-ц1ыху ц1ык1ум къыхуагъэна т1эк1уфэк1ухэм ящыщу налог зытрамылъхьэфу къэна закъуэрщ.

Гыбзэ-ц1ыхубэм я деж к1уэ пэтми зыщызыужь 1уэры1уатэ жанрщ. А гыбзэхэм я зы процент нэхъ мыхъуми адресатхэм ятехуэу щытамэ,- Алыхь-Алыхь!- а зызыгъэл1ыхъул1ыбжьхэр 1ущащэрэ а зызыгъэбжьыныхухэр 1у щабэ зэтехъуауэ къызэхэнэнут иджыпсту.


Ахъшэ- уасэм и дамыгъэщ. Акъыл мыхъумэ, къыщ1эмык1 щы1экъым. Ауэ, гъэщ1эгъуэныракъэ, акъылым къикъутэ щхьэжь зыф1этхэри абык1э тынш дыдэу ик1и пуд дыдэу къыпхуэщэхунущ… ф1-ф1-ф1ыуэ бгъэмэжал1эмэ.


1ут1ыж Борис и мыухыж трагикомедие.


Къеблагъэ, илъэсыщ1э!


(мыухыж трагикомедие).

Хэтынухэр: тхыдэ езэшамрэ ц1ыху ц1ык1у уэдыкъуахэмрэ.


Тхыдэм:


Арати, мис, зэблок1 илъэсхэр,

Хэт мэдыхьэшхыр, хэт мэщэ1у…

Ц1ыху ц1ык1у гупсысэхэм яхэсхэр

Зыщ1эгупсысхэм фыщ1эдэ1у.


Япэ ц1ыху ц1ык1ум:


Гугъущ ди зэманыр. Зэман гуащ1эщ.

Ат1эми, хуабжьу зэман лъэщщ:

Ди сытыр нэщ1ми, мы ди гъащ1эр

Трагикомедие зэфэзэщщ!..

Ет1уанэ ц1ыху ц1ык1ум:


Трагикомедие зи нагъыщэ

Театрым 1эджэ къыпкъреш.

1уэхушхуэр -гъащ1эм жанр нэхъыщхьэ

Трагикомедиер щыхъум дежщ.


Ещанэ ц1ыху ц1ык1ум:


Удыхьэшхыну пф1эф1мэ, гъащ1эм,-

Мес- щхьэусыгъуэр уи гъунэжщ.

«Сыгъарэт»- жып1эу щытмэ, гуащ1эу

Ущ1эгъын 1уэхухэр нэхъыбэжщ.


Епл1анэ ц1ыху ц1ык1у:


Тхьэмыщк1эр а ди тхьэмыщк1ап1эм

Драгъэсыжми -дехъул1ат.

Арщхьэк1э дгъуэтыркъым бэуап1э:

Дыщ1амыт1ык1 электоратщ…


Етхуанэ ц1ыху ц1ык1у:


Мес-къэрал Думэм Жириновскэр

Дэ, аргуэрыжьти, хэтхыжащ.

Ди бгырыс щ1алэ Березовскэр

Черкесск къэтшэжри,- тыншыжащ…


Еханэ ц1ыху ц1ык1у:


Эх, Абрамович! Чукчэ ухъумэ,

Щхьэ нэхъ къэпщта, уэ, Тхьэр зэтэн?!

Къеблагъэ, кхъы1э, Чубайс пщ1ыгъуу,-

Бжьын ц1ыврэ ц1ырт1к1э фыдгъэтхъэнщ.


Ебланэ ц1ыху ц1ык1у:


Нарт я нартыжу л1ищ къытхэту

Щытати, Думэм нэдгъэк1уащ.

«Мохь!» жа1э щ1ык1эу я сурэтхэр

Дэ гугъуехьыпщ1эу къытхуэнащ.


Еянэ ц1ыху ц1ык1у:


Абдеж щыдухыу мы хэх-хэдзыр

Дыт1ысыжамэ, дехъул1ат…

Тхыдэм:


Щыгугъи щыс- иджыщ щыщ1эвдзэр:

Зывгъэхьэзыр, электорат!..

Мы къэралышхуэм и 1этащхьэр

Хэфхыну псоми къыфпэщылъщ.

Къащтэну Ельцин зытес 1уащхьэр

Мыст сымэ хуабжьу я гурылъщ.

Ц1ыху ц1ык1ухэм:


Даходэ, жыт1эурэ, додакъуэ.

Аращ… армыхъумэ… къахэтхынт…


Тхыдэм:


Слъэк1ынуращи, мо шы щ1акъуэ

Къытхуэк1уэм тесым селъэ1унщ…


Уоу, Алыхьталэ! Плъагъуркъэ- бейхэм

Къулыкъу домбейхэр зэбграх.

Ц1ыхубэм ябг шэсыну хуейхэр

Куэды1уэ хъуащи, фэр ирах.

Гущ1эгъу къахуэщ1и, къулыкъу узыр,

Зэфык1хэм хущхъуэ къахуэгуэш.

Е, избиркомхэм ятекъузи,

Тесык1э зыщ1э къыхегъэш.

Армыхъу, шэсык1э ф1эк1 зымыщ1э

Зыгуэрхэм хъубжэр зэхуащ1ыж…

Ц1ыху ц1ык1ухэм:


Уоу, Алыхь ин! мы Илъэсыщ1эр

Уэ тхуэщ1 ц1ыху ц1ык1ухэм я 1ут1ыж!!!


1999г.

Ныт1э, нобэ дызэдэ1уахэр къызэщ1эткъуэжынщи, гупурэ фелэжьащ Борис и творчествэм. Зыр зым федэ1уэжурэ нэхъыбэж къыщыфщ1ащ урокым. Куэдым зэчий зэрывбгъэдэлъыр къэвгъэлъэгъуащ. Абы теухуауэ сэ сыхуейт 1ут1ыж Борис теухуа синквейн зырыз гуп къэс къывбгъэдэк1ыу девгъэдэ1уэну.


Пэжыр зи гъуазэу дунейм тета тхак1уэм илъагъу хъуртэкъым пц1ыупсхэр, щхьэщытхъухэр, 1ужажэхэр.

-1эф1ыпсщ дунейр, ар минрэ нэпц1у щытми.- апхуэдэ псалъэхэмк1э иухыжащ Борис и гукъеуэхэр къыщи1уэта и иужьрей интервьюр.


И гуращэхэр зыт Борис, гъащ1эм щилъагъур нэгъуэщ1т ик1и абы иризэгуэпырт, зэрыхузэф1эк1к1э ахэр и тхыгъэхэмк1э ц1ыхухэм я деж зэрынигъэсынум яужь итащ дунейм тетыху.

«Мыбы срещхьащэрэт» жыхуэп1э ц1ыху щы1э е щы1а?- еупщ1ат Борис и иужьырей интервью къы1ахам.

- Мы дунейм щек1уэк1ыу гухэри, псэхэри, нэхэри, тхьэк1умэхэри зыкуда зэгуэпыгъуэ къомым и щхьэр яхихыфарэ хуей дахэ гуэрым и бжьа1уэр иту псэу, унагъуэк1и, узыншагъэк1и, псэук1эк1и гукъеуэ лъэпкъ зимы1э бжьахъуэ л1ы бжьыф1эшхуэ гуэр щы1эмэ, мис абы срещхьыну сыхуейт, -жи1ащ Борис, и гуращэхэр къыщигъэлъэгъуа и усэмк1э сыхуейт урокыр духыну.

8.Гуращэ.

Къыщумылъыхъуэ си гъащ1эм

Гурыщ1э инхэм я хъуэпск1.

Уэ бгъэщ1эгъуэну сэ мащ1эщ

Къыздэплъагъунур. Тк1уэпсщ.


Дэтхэнэ ц1ыхуми ещхьу,

Си щхьэ щ1э1уауэ сопсэу.

Махуэ къэзгъэщ1хэри блыщхьэ

Зэфэзэщ куэду зэблоу…

Ауэ сэ щэхуу зызохьэ

Псори щыдахэ дуней.

А щ1ып1эм гъатхэр къыщохьэ

Дакъикъэ сэ сыщыхуейм…


Ауз гъунапкъэ зимы1эр

Налкъутналмэск1э гъэнщ1ащ.

Щыпсэухэр, къанэ щымы1эу,

Бегъымбар фызхэм къалъхуащ.


Нэхъ тепщэ тк1ийуэ ук1ытэр

Зэдэарэзыуэ хахащ.

Тхьэхэм я тхьэжу къалъытэр

Лъагъуныгъэшхуэр аращ.


Пщ1ыхьхэр абы нап1эзып1эм

Нахуап1э теплъэм щохьэф…

Уэ къыщысхуэзэ а щ1ып1эм,

Сызыц1ыхуну зыф1эф1.


Адыгэ литературэмкIэ классщIыб еджэныгъэ.

Пэжыр зи гъуазэ


Iутlыж Борис усакIуэщ,

тхакIуэщ, драматургщ.


10 «А» класс.







Егъэджак1уэр:

Къардэн М.Т.



Шэджэм къ.

2014гъэ.




 
 
X

Чтобы скачать данный файл, порекомендуйте его своим друзьям в любой соц. сети.

После этого кнопка ЗАГРУЗКИ станет активной!

Кнопки рекомендации:

загрузить материал